Адыгэ пщащэр къыхожаныкI

Урысей Федерацэм и Прави­тельствэмрэ ФинансхэмкIэ университетым аудит, корпоратив ­отчётхэмкIэ и департаментымрэ иджыблагъэ ирагъэкIуэкIащ «Иджырей экономикэмрэ абы и къэкIуэнумрэ зэрызэтраухуэ бухгалтер учётыр, абы епха IэнатIэхэр къызэрызэрагъэпэщ Iэмалхэр» зи фIэщыгъэ III Дунейпсо щIэныгъэ зэхуэсыр. Абы хэтащ КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым и студентхэри. Дунейр зэщIэзыщта узыфэм и ягъэкIэ, щIэныгъэ зэхуэсыр ар зэхэзышахэм пэIудзауэ фIэкIа яхуе­гъэкIуэкIакъым. Апхуэдэу щыт пэтми, абы и лэжьыгъэм жыджэру хэтащ Урысейм, Белоруссием, Къэзахъстаным, Узбекистаным, Таджикистаным, Люксембург, Финлян­дием, Латвием я еджапIэ нэхъыщхьэхэм я лIыкIуэу цIыху 200-м щIигъу. ЩIэнIуатэр и щхьэусыгъуэу къызэгъэпэщакIуэхэр иужь итащ щIыналъэхэм бухгалтер учётыр зэ­рызэрахьэ щIыкIэм хэлъ щхьэхуэ­ныгъэхэр къыхэгъэщыным, ахэр дунейпсо щапхъэм зэритIасэр, абы зэрыхуэгъэкIуапхъэ гъуэгухэр къэ­хутэным. ЩIэнIуатэм къыщыIуа гуп­сысэхэр нэхъыщхьэ дыдэу зы­хуэ­кIуэжыр зыщ: урысейпсо икIи ­дунейпсо бухгалтер учётымрэ абы  и IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэмрэ зы мардэм хуэша зэрыхъуным и хэ­кIыпIэхэр къэхутэным, арыххэуи экономикэ зэхьэзэхуэ узыншэмрэ инвестицэмрэ нэхъ щIэгъэхуэбжьа щIыным.
Ди щIыналъэм щыщу щIэнIуатэм хэта цIыхуитхум иригъэкIуэкIа къэ­хутэныгъэ гъэщIэгъуэнымкIэ къа­хэщащ «Экономикэ» унэтIыныгъэмкIэ IэщIагъэ зэзыгъэгъуэт, 2-нэ ­курсым щеджэ Мэлыхъуэ Миланэ. Абы къыхуагъэфэщащ Дунейпсо зэхуэсым и фIыщIэгуапэ тхылъым и ещанэ нагъыщэр.
Мэлыхъуэм и лэжьыгъэр теухуат щIыналъэм е IуэхущIапIэм хухах мылъкум щIимыгъу, нэгъуэщI къы­хэхъуапIэ зимыIэ бюджетым и мыхьэнэм, ар бухгалтер учёт зэращIым, дуней псом щиубыд увыпIэм. Зи гугъу тщIы мылъку лIэужьы­гъуэм и зехьэкIэм теухуауэ иджыри къэс щIэныгъэ еплъыкIэ теубыда щыIэкъым. Ди щIыналъэм и щхьэ­хуэныгъэхэр къилъытэурэ ар япэ дыдэу утыку къизыхьар Мэлыхъуэ Миланэщ.
Зи ехъулIэныгъэм дыщыгуфIыкI адыгэ пщащэм лъэпкъыр зыIэтын, и цIэр дахэкIэ жыжьэ зыгъэIун щIэ­ныгъэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ къыхэкIыну дохъуэхъу!

ШУРДЫМ Динэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)