Красножан и гъэсэнхэр Инджылызым макIуэ

Ди лъахэгъу цIэрыIуэ Красножан Юрэ япэ ехъулIэныгъэ ин Урысей Федерацэм и цIыхубз футбол командэ къыхэхам къыщихьащ - абы и гъэсэнхэм хуитыныгъэ ягъуэтащ гъэ къакIуэ Инджылызым щекIуэкIыну Европэм и чемпионатым и кIэух зэпеуэм хэтыну.
Нэгъабэ щыIа къызэрыхах зэхьэзэхуэм Урысей Федерацэм и цIыхубз командэм зыхэта гупым етIуанэ увыпIэр щиубыдат, Нидерландхэр япэ иригъэщри. Абы къикIырт Европэм и чемпионатым и кIэух зэпеуэм кIуэн папщIэ зэпэщIэуэ джэгугъуэхэм хэтын зэрыхуейр. ИрагъэкIуэкIа пхъэидзэм хьэрхуэрэгъу къахуищIащ Португалием и командэ къыхэхар. Ар хуабжьу гуп лъэщт.
Мэлыжьыхьым и 9-мрэ 13-рэ зэхэтыну зэIущIитIым зэхагъэкIынут Инджылызым кIуэну хэт нэхъ хуэфащэми. Ар зэрымыIуэху тыншыр гурыIуэгъуэт икIи илъэс блэкIам и кIэух дыдэм, дыгъэгъазэм и 30-м, Урысей Футбол Зэгухьэныгъэм Мэзкуу щригъэкIуэкIа зэIущIэм унафэ къыщащтащ къэралым и цIыхубз командэ къыхэхам и тренер нэхъыщхьэу ди лъахэгъу, «Спартак-Налшыкым» щыджэгуа икIи и тренер нэхъыщхьэу щыта Красножан Юрэ ягъэувыну. Ар сыт и лъэныкъуэкIи зэгупсыса икIи зэпашэча Iуэхугъуэт: IэщIагъэлI цIэрыIуэм гупыр къызэщIигъэуIуэфынут икIи къыхуагъэува къалэныр ягъэзэщIэнымкIэ тригъэгушхуэфынут.
ЗэгурыIуэныгъэр илъэситI пIалъэкIэ зэращIылIат. Красножан Юрэ а къулыкъум щихъуэжат Урысей Федерацэм футболымкIэ и цIыхубз командэм 2015 гъэ лъандэрэ и тренер нэхъыщхьэу щытауэ иджы Мэзкуу и «Локомотив»-м и къару псори тезыгъэкIуэдэну мурад зыщIа Фомина Еленэ.
- Къэралым и гуп къыхэхар дзыхь зыхуэтщIынум куэдрэ дегупсысащ икIи зыкъом зэпэтлъытащ. Кандидат зыбжанэм гъуэрыгъуэурэ зэхуэдгъазэурэ депсэлъылIащ икIи щхьэж и Iуэху бгъэдыхьэкIэр, мурадхэр зэдгъэщIащ. ИкIэм-икIэжым, Красножан Юрэ дыкъытеувыIащ. Урысей Федерацэм футболымкIэ и цIыхубз командэм зэрыдэлэжьэну щIыкIэу абы ди пащхьэ кърилъхьахэмрэ нэхъапэм здэщыIа гупхэм зыкъызэрыщигъэлъэгъуа щIыкIэмрэ нэхъ дигу ирихьащ, - жиIат абы щыгъуэм Урысей Футбол Зэгухьэныгъэм и гъэзэщIакIуэ гупым хэт, къэралым ЦIыхубз футболымкIэ комитетым и унафэщI Юмашевэ Полинэ.
- Урысей Федерацэм и цIыхубз командэ къыхэхам и тренер нэхъыщхьэу сыувыныр Iуэхугъуэ зыбжанэм къыхэкIащ, - къыддэгуэшат и гупсысэхэмкIэ а лъэхъэнэм Красножан Юрэ. - Япэрауэ, си IэщIагъэмрэ щIэныгъэмрэ щIэупщIэ зэриIэращ. ЕтIуанэрауэ, Урысей Футбол Зэгухьэныгъэм цIыхубз топджэгум гулъытэ хэха хуищIын зэрыщIидзаращ икIи мурадыфIхэр къызэригъэнэIуаращ. Къэралым и цIыхубз командэ къыхэхам и тренер нэхъыщхьэу уагъэувыныр - пщIэшхуэщ икIи жэуаплыныгъэ ин зыпылъщ. СлъэкI къэзгъэнэнукъым къызэрысщыгугъыр згъэпэжын папщIэ.
Красножан Юрэ и псалъэхэр игъэпэжащ. Гъэм и пэщIэдзэм Тыркум щрагъэкIуэкIа зыгъэсэныгъэхэм иужькIэ абы гупым зэхъуэкIыныгъэ зыбжанэ хилъхьащ. Къапщтэмэ, къэралым и командэ къыхэхам хигъэхьэжащ зэфIэкI лъагэ зиIэ цIыхубз зыбжанэ. Псом хуэмыдэу къыхуэщхьэпащ гупым и щIэлъэныкъуэу сыт щыгъуи ябж гъуащхьэтет IэнатIэм абхъаз пщащэ Тодуэ Эльмирэ зэрыпэригъэувэжар. Португалием дригъэкIуэкIа зэIущIитIми абы и гъуэм зы топи къыдригъэгъэкIакъым икIи и джэгукIэ лъэщымкIэ цIыхухъухэми ядэмыхъуну фIэщщIыгъуейт.
 Мэлыжьыхьым и 9-м зэхэта япэ зэпэщIэуэ зэIущIэм зыкъомкIэ зэхигъэкIащ хэт и насыпыр къикIынуми. Португалием щыджэгуа пэтми, Красножан и гъэсэнхэм текIуэныгъэр 1:0-у зыIэрагъэхьащ. МахуиплI дэкIмэ Мэзкуу къащыпэщылъ зэIущIэм а тепщэныгъэр щахъумэн хуейуэ арати, хъарзынэу къайхъулIащ. Псом япэрауэ, я гъуэм и бгъэдыхьэпIэхэр кърагъэбыдэкIри, португалхэр Iэпхлъэпх ящIащ икIи арэзы къэзыщI бжыгъэр, 0:0-р, зрагъэхъулIащ. ХьэщIапIэ щыIэу зэрытекIуар абы халъхьэжри, Урысей Федерацэм и цIыхубз командэ къыхэхар Европэм и чемпионатым и кIэух зэпеуэм хэтыну хуит ящIащ.
- Португалием и командэ къыхэхар занщIэу Европэм и чемпионатым и кIэух зэпеуэм кIуэфын хуеящ зыхэта гупым бжьыпэр щиубыду, - жиIащ Мэзкуу щекIуэкIа зэIущIэм иужькIэ ди гупым и тренер нэхъыщхьэ Красножан Юрэ. - Абы хэтщ Iэзагъ, зэфIэкI лъагэ зиIэ цIыхубз лъэрызехьэхэр. Ди хьэрхуэрэгъухэм дэ япэдгъэувыфащ жыIэдаIуагъымрэ зэдэIэпыкъужыныгъэмрэ. Аращ Инджылызым хуэзышэ гъуэгур къытхузэIузыхари. Къыхэзгъэщыну сыхуейщ си япэкIэ лэжьа Фомина Еленэ и тренер гупми - псалъэкIи IуэхукIи абыхэм зыкъытщIагъэкъуащ, лъабжьэ быди къытхуагъэнащ. АдэкIэ дыхущIэкъун хуейщ Европэм и командэ къыхэха нэхъ лъэщ дыдэхэм етIанэгъэ хуэфэщэну дапэщIэтыну. Абы папщIэ ерыщу зыдгъэсэн, ди Iэзагъымрэ зэгурыIуэныгъэмрэ едгъэфIэкIуэну къытпэщылъщ.
Зэрытлъагъущи, ди къэралым топджэгум щыдихьэххэм фIы дыдэу яцIыху Красножан Юрэ нэгъуэщIым и фIыщIэри игъэкIуэдыркъым, текIуэныгъэхэми и щхьэр игъэуназэркъым. Куэдым ящIэж ар и тренер нэхъыщхьэу Налшык и «Спартак»-р, зэи къэмыхъуауэ, Урысей Федерацэм и премьер-лигэм хыхьэу, ехъулIэныгъэхэр иIэу, илъэс зыбжанэкIэ зэрыхэтар. ИужькIэ абы игъэсащ Мэзкуу и «Локомотив»-р, Урысейм и етIуанэ командэ къыхэхар, Мэхъэчкъалэ и «Анжи»-р, Краснодар и «Кубань»-р, Грознэ и «Тэрчыр», Къэзахъстаным и командэ къыхэхар, «Химки»-р.
 Фызэрыщыгъуазэщи, Красножан Юрэ 1963 гъэм Налшык къыщалъхуащ. Топ джэгуным зыщыхуигъэсари абы япэ лъэбакъуэхэр щыхичари Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэращ. 1980 гъэм къыщыщIэдзауэ 1984 гъэ пщIондэ Налшык и «Спартак»-м и гъуащхьэхъумэу щытащ. А илъэсиплIым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ нэхъыщхьэм хэту абы зэIущIэ 95-рэ иригъэкIуэкIати, я хьэрхуэрэгъухэм топищ яхудигъэкIащ. КъищынэмыщIауэ, «Спартак»-м щыджэгуа лъэхъэнэм Юрэ хэтащ РСФСР-м и щIалэгъуалэ командэ къыхэхам. Налшык и гъэсэн футболист щIалэщIэм абы зыкъыщигъэлъэгъуащ гупсысэкIэ захуэ зиIэ гъуащхьэхъумэ Iэзэу. Топджэгу губгъуэм итхэм ар къахэщырт сытым дежи бэнэныгъэ гуащIэ зэрыригъэкIуэкIымкIэ, къикIуэт зымыщIэ футболисту зэрыщытымкIэ.
Футболист гъащIэмрэ еджэнымрэ здэзыхьа Красножан Юрэ 1985 гъэм къиухащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым Физическэ щэнхабзэмкIэ и къудамэр. А лъэхъэнэм абы егъэджакIуэу лэжьэн щищIидзащ Налшык и курыт еджапIэхэм ящыщ зым. Хуэфэщэн щIэныгъэ зригъэгъуэта нэужь, 1990 гъэхэм и пэщIэдзэхэм ар жыджэру хэлэжьыхьащ Бахъсэн къалэм и «Эталон» (иужькIэ «Автозапчасть» фIащыжащ) футбол клубыр къызэгъэпэщынымрэ ар лъэ быдэкIэ увынымрэ. КомандэщIэ къэунэхуам зэрыщыджэгуа илъэсищым къриубыдэу иригъэкIуэкIа зэIущIэ 89-м абы щыдигъэкIащ топих.
1993 - 1998 гъэхэм Красножан Юрэ зи тренеру лэжьа «Автозапчасть»-м профессиональнэ мыхьэнэ игъуэтащ икIи Урысей Федерацэм и чемпионатым и етIуанэ лигэм щыджэгун щыщIидзащ. КъищынэмыщIауэ, 1996 гъэм бахъсэндэсхэр къэралым футболымкIэ и кубокыр къэхьыным ехьэлIауэ екIуэкI зэхьэзэхуэм, зэи къыщымыхъуауэ, финалым и 1/8-нэ Iыхьэм нэсащ. АдэкIэ кIуэтэныр къэзыгъэувыIар а лъэхъэнэм Урысейм и чемпиону щыта Владикавказ и «Алания»-ращ.
И щIэныгъэм адэкIи зэрыхигъэхъуэн хуейр къыгурыIуэри, а илъэс дыдэм Красножан щIэтIысхьащ Мэзкуу дэт Тренерхэр щагъэхьэзыр еджапIэ нэхъыщхьэм. Илъэс дэкIа нэужь, хуэфэщэн тренер лицензэ иIэу, Юрэ еджапIэр ехъулIэныгъэкIэ къиухащ.
Жэрдэмрэ зэфIэкIрэ зэриIэр къалъытэри, 1999 гъэм Красножан Налшык и «Спартак»-м и етIуанэ тренеру къащтащ. КъыкIэлъыкIуэ илъэсищым дзыхь къыхуащIащ республикэм и командэ нэхъыщхьэм и дублёрхэм я тренер нэхъыщхьэм и къалэныр. А зэманым къриубыдэу абы Къэбэрдей-Балъкъэрым хуигъэхьэзыращ футболист цIэрыIуэ куэд, Мэшыкъуэ Аслъэнрэ Нэхущ Русланрэ яхэту.
Ди «Спартак»-м и тренер нэхъыщхьэу иужь илъэсхэм лэжьа Ешыгу Сэфарбий 2004 гъэм и пэщIэдзэм премьер-лигэм щыджэгу Краснодар и «Кубань»-м ирагъэблэгъащ. Ар зэрызэрахъуэкIын псынщIэу къалъыхъуэн хуейт икIи ди командэр и IэмыщIэ иралъхьащ Красножан Юрэ. Куэдым къащыхъуащ ар Iэмалыншагъэм къыхэкIауэ икIи тренер цIэрыIуэ къызэрагъуэту яхъуэжыну. Дублёрхэм я тренерыр командэ нэхъыщхьэм и унафэщIу щагъэувам куэдым я фIэщ хъуртэкъым «Спартак»-р, уеблэмэ, япэ дивизионым къыхэнэфыну. АрщхьэкIэ налшыкдэсхэм а гъэм лъэщу джэгун ирагъэжьащ икIи зэхьэзэхуэм и япэ къекIуэкIыгъуэр пашэхэм яхэту яухащ. ГурыIуэгъуэт Красножан тренер хъарзынэ къызэрыхэкIар икIи зэман кIэщIым къриубыдэу гуп зэкъуэт зэрызэригъэпэщар. А илъэс дыдэм Футболым и лэжьакIуэхэр щагъэхьэзыр центрым и Аттестационнэ комиссэм абы къыхуигъэфащащ «А» категорие зиIэ IэщIагъэлI» цIэр.
Красножан зи тренер нэхъыщхьэу ягъэува футбол командэм къыпхуэмыцIыхужыну зихъуэжат. Уеблэмэ, куэдым я пщIыхьэпIэ къыхэмыхуауэ япэ дивизионым щынэхъыфIхэм яхыхьащ. ИкIи къыкIэлъыкIуэ 2005 гъэм, мылъку и лъэныкъуэкIэ щIэгъэкъуэнышхуэ зыбгъэдэмылъ ди «Спартак»-м зэпеуэм етIуанэ увыпIэр къыщихьри, зэи къэмыхъуауэ, къэралым футболымкIэ и премьер-лигэм кIуащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и спорт тхыдэм дыщэпскIэ иратхэну Iуэхугъуэт ар! Дауи, ар зэи къэхъунутэкъым а лъэхъэнэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и Президенту ягъэува Къанокъуэ Арсен и щхьэзакъуэ мылъкукIэ закъыщIимыгъэкъуамэ.
Зэи гуп нэхъыфIым щымыджэгуа налшыкдэсхэр абы щымыгувэну IэщIагъэлIхэм трагъэчыныхьырт. Къалъытэрт ди «Спартак»-р адрейхэм мылъкукIэ зэрапэмыхъур, тренерымрэ абы щыджэгухэмрэ премьер-лигэр зищIысыр зэрамыщIэр. АрщхьэкIэ, аргуэрыжьти, Красножанрэ абы и командэмрэ псори зрагъэплъыжащ. Япэ зэIущIэм къыщыщIэдзауэ ахэр зыми къыпимыкIуэта къудейкъым, атIэ зэхьэзэхуэм икухэм ирихьэлIэу пашэныгъэр яубыдащ, Мэзкуу, Санкт-Петербург, Самарэ, Къэзан я гуп лъэщхэр къызэранэкIри. Пэжщ, абы щыгъуэм я къарур и кIэм нэс яхурикъуакъым икIи зэпеуэр ебгъуанэ увыпIэм щыту яухащ.
Премьер-лигэм зэрыщыджэгуа япэ илъэсым Красножан Юрэ и командэр нэхъ зызыужьхэм ящыщу къалъытащ. Пэж дыдэу, къэралым и командэ нэхъыфIхэм хуэфэщэну япэщIэта, турнир таблицэм ебгъуанэ увыпIэр щызыIыгъыу гъэ джэгугъуэр зыуха «Спартак-Налшыкми» и тренерми фIыщIэрэ щытхъурэ яхуэфащэт. 2006 гъэ джэгугъуэм кърикIуахэм ятеухуауэ Total-football интернет-газетым иригъэкIуэкIа щIэупщIэныгъэхэм япкъ иткIэ Красножан Юрэ «къызэIуаха тренер» цIэр къыфIащащ.
ЕхъулIэныгъэшхуэхэм ящыщщ 2007 - 2008 гъэхэм екIуэкIа Урысейм и Кубокыр къэхьыным ехьэлIа зэхьэзэхуэм и финалым и Iыхьэ плIанэм ди щIалэхэр зэрынэсар. Ахэр къэзыгъэувыIэфар ЦСКА-рщ, 1:2-уэ Мэзкуу къыщыхигъащIэри.
«Спартак-Налшыкым» и тренеру зэрылажьэ илъэсхэм республикэм и мызакъуэу, къэрал псом Красножан цIэрыIуэ щищIащ футболист куэд. Абыхэм яхэтщ адыгэ щIалэщIэхэу Нэхущ Руслан, Мэшыкъуэ Аслъэн, Битокъу Тимур, ДзыхьмыщI Марат, Къэжэр Назир, Джатэрывэ Къазбэч. Къэбэрдей-Балъкъэр футболым и вагъуэ къызэщIэнахэм ящыщщ Гъуэщокъуэ Арсен, ДыщэкI Аслъэн сымэ, нэгъуэщIхэри.
Ди командэм къыдэщIхэм пщIэшхуэ къыхуащIырт икIи фIыуэ ялъагъурт тренер гъуэзэджэ Красножан Юрэ. Абы и зэпIэзэрытыныгъэр, Iэзагъыр, зэфIэкIыр «Спартак-Налшыкым» и текIуэныгъэщIэхэм я лъабжьэт. 2010 гъэр налшыкдэсхэм яухат еханэ увыпIэр яIыгъыу икIи европей кубокхэм яхыхьэным зы лъэбакъуэ фIэкIа ямыIэжу. АрщхьэкIэ… Красножан ди командэр ибгынащ, мылъкукIи зэфIэкIкIи Iэмал нэхъыбэ зиIэ Мэзкуу и «Локомотив»-м ирагъэблэгъати. Абдежым къыщыщIидзащ езы тренер цIэрыIуэми къэралым и гуп нэхъыщхьэм хиша «Спартак-Налшыкми» я ужьыхыжыныгъэм: командэ зыбжанэ ихъуэжами, Юрэ зыщIыпIи и гур щигъэтIылъакъым, ехъулIэныгъи щиIэжакъым, налшыкдэсхэри илъэсрэ ныкъуэрэ нэхъ дэмыкIыу премьер-лигэм къыхагъэкIыжащ.
2010 гъэм и кIэухым здагъэува Мэзкуу и «Локомотив»-м илъэс ныкъуэ щагъэлэжьауэ аращ. Зэхьэзэхуэм и епщыкIузанэ джэгугъуэм Мэхъэчкъалэ и «Анжи»-р къызэрыщытекIуар щхьэусыгъуэ ящIри, трагъэкIащ.
Мазэ нэхъ дэмыкIыу къызэрагъэпэща Урысей Федерцэм футболымкIэ и командэ къыхэхам и тренер нэхъыщхьэу ягъэуващ. Красножан и унафэм щIэту абы иригъэкIуэкIа зэIущIихым ящыщу тхум Юрэ и гъэсэнхэр щытекIуат. АрщхьэкIэ мыгувэу а гупыр зэбграутIыпщыкIыжащ.
Нэхъ хьэлэмэтыжщ Мэхъэчкъалэ и «Анжи»-м къыщыщыщIар. 2011 гъэм дыгъэгъазэм (декабрым) и 27-м абы и тренер нэхъыщхьэу ягъэуври, мазэрэ ныкъуэкIэ фIэкIа мылэжьауэ икIи и унафэм щIэту зы зэIущIи ирамыгъэкIуэкIауэ, езым и лъэIукIэ къыIукIыжащ. КъызэрыщIэкIамкIэ, егъэлеяуэ мылъкушхуэ щIату «Анжи»-м кърагъэблэгъа хуабжьу футболист цIэрыIуэхэм зэрапэсакъым цIэи щхьэи зимыIэу къалъыта Красножан Юрэ икIи абы и пIэкIэ ягъэуващ нэхъапэм къэрал зыбжанэм я гуп къыхэхахэр, Урысей Федерацэм ейри хэту, зыгъэса голланд тренер Хиддинк Гус.
Абы иужькIи лэжьапIэншэу куэдрэ щысакъым ди лъахэгъур. Гъэмахуэм и кIэухым Краснодар и «Кубань»-р и IэмыщIэм къралъхьащ. АрщхьэкIэ, аргуэрыжьти, мыгувэу къыIуагъэкIыжащ.
Мазэ зыбжанэ дэкIри, Грознэ и «Тэрчым» къыщыщIидзащ. ИлъэсищкIэ абы и тренер нэхъыщхьэу щытыну лъэныкъуэхэм Iэ традзат, ауэ 2013 гъэм и кIэухым зэгурыIуэныгъэр якъутэжащ.
Ди къэралым и Iуэхухэр къыщыщимыкIым, Къэзахъстаным Iэпхъуащ. Абы футболымкIэ и федерацэм 2014 гъэм и пэщIэдзэм зэгурыIуэныгъэ ирищIылIащ илъэситIкIэ а къэралым и командэ къыхэхар игъэсэну, зэхуэарэзыуэ лажьэмэ, иджыри апхуэдиз пIалъэ къыщIагъуну. АрщхьэкIэ япэ лъэхъэнэр иуха иужькIэ, Красножан Урысей Федерацэм къигъэзэжащ, нэгъуэщI IэнатIэ къыхуагъэлъэгъуауэ щымыт пэтми.
ИлъэситIым щIигъукIэ лэжьапIэншэу щытащ ар. Япэ дивизионым щыджэгу «Химки»-м 2019 гъэм и пэщIэдзэм щрагъэблэгъам къытщыхъуат абы нэхъ зыщиIэжьэну. Дыщыуащ - мазитху нэхъ дэмыкIыу лей къэхъужащ.
Налшык и «Спартак»-м и деж къыщыщIэдзауэ «Химки»-м и деж щиухыжу Красножан Юрэ и унафэм щIэта командэхэм псори зэхэту джэгугъуэ 325-рэ ирагъэкIуэкIащ. ЗэIущIи 119-м ахэр щытекIуащ, апхуэдиз дыдэри къыщыхагъэщIащ, 87-р зэрытемыгъэкIуауэ иухащ. Дэтхэнэ тренерым и дежкIи а бжыгъэхэр Iейкъым, ауэ нэхъыфIыжуи щытыфынут, илъэсибгъу ипэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр имыбгынатэмэ.
2010 гъэм и кIэухым «Спартак-Налшыкымрэ» абы и тренер нэхъыщхьэ Красножан Юрэрэ зэрызэбгъэдэкIыжам кърикIуахэм наIуэу къагъэлъагъуэ а тIур зыр адрейм къыхуигъэщIауэ зэрыщытар икIи зэмыгъусэмэ уасэшхуэ зэрамыIэр. Алъандэрэ дэкIа зэманым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ нэхъыщхьэм къэралым и премьер-лигэр ибгынэри, урысей профессионал футболым и лъабжьэ дыдэм, етIуанэ дивизионым, къыщыхутащ. Езы Красножани, иужькIэ гупиблым я унафэщIу щытами, зыщIыпIи насып щигъуэтакъым.
Аргуэру Красножан Юрэ къалэн ин занщIэу и пщэ къыдэхуащ икIи абы и япэ Iыхьэм хъарзынэу пэлъэщащ. Ар зи тренер нэхъыщхьэ хъуа Урысей Федерацэм и цIыхубз командэ къыхэхар Европэм и чемпионатым и кIэух Iыхьэм хигъэхьащ. Ар мы гъэм Инджылызым щызэхэтын хуеящ, арщхьэкIэ короновариус уз зэрыцIалэм и зэранкIэ илъэскIэ ягъэIэпхъуащ. 2022 гъэм и бадзэуэгъуэм (июлым) и 6 - 31-м щыIэну зэхьэзэхуэм щIидзэным иджыри зэман кIыхь иIэщ икIи шэч къытетхьэркъым Красножан и гъэсэнхэр апщIондэхукIэ нэхъ лъэщыж зэрыхъунум, и ехъулIэныгъэфIхэмкIи дызэрагъэгуфIэнум.

ЖЫЛАСЭ Заурбэч.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)