2021 гъэм щIышылэм и 20-м Псыхуабэ щызэIущIащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, КъШР-м и Iэтащхьэ Темрезов Рашид, «Кавказ» федеральнэ автомобиль гъуэгум и управленэм и унафэщI Лечхаджиев Руслан сымэ.
ЗэIущIэм зыщытепсэлъыхьа Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ щIыналъэхэм гъуэгухэр щыукъуэдииным, жьы хъуахэр щызэгъэпэщыжыным хуэунэтIауэ 2020 гъэм ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэм кърикIуахэр зэхэлъхьэжыныр, апхуэдэуи илъэсыщIэм зэфIагъэкIын хуейхэр убзыху-ныр.
Апхуэдэу, Къэбэрдей-Балъкъэрым илъэс кIуам къэрал гъуэгуу километр 43-рэ щызэрагъэпэщыжащ. Абыхэм ящыщщ километр 25-рэ зи кIыхьагъ Аруан - Къэщкъэтау гъуэгур («А-158» гъуэгум щыщу), Шэджэм ЕтIуанэ - Налшык гъуэгум щыщ километрийр («Р-217» гъуэгум и 442-нэ километрым къыщыщIэдзауэ 450-нэ километрым нэсу), Бахъсэн къалэмрэ Бахъсэнёнок жылэмрэ километри 10 хъу я гъуэгу Iыхьэхэу («А-158»-м и 31-нэ километрым къыщыщIэдзауэ 41-нэ километрым нэсу) зыхуей хуагъэзэжахэр. 2021 гъэм апхуэдэуи и кIэм нагъэсынущ Ислъэмей къуажэм и гъуэгухэм ящыщу километрибгъу хъур («А-158» гъуэгум и 41-нэ километрым къыщыщIэдзауэ 49-нэм нэсу).
2020 гъэм зэрагъэпэщыжащ Бахъсэн псым Бедык къуажэм деж хуэзэу телъ лъэмыжыр, ар хеубыдэ «А-158» автомобиль гъуэгум и 35-нэ километрым, къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжащ «А-154», «А-158» гъуэгухэм я 38-нэ, 72-нэ километрхэм хыхьэ псы щIэжыпIитIыр. «Кавказ» гъуэгум и 27-нэ километрым тралъхьащ гъуэгур псым щызыхъумэ щхьэфэ быдэхэр.
Гъуэгухэр къызэрагъэнэху пкъохэр щагъэуващ «А-158» къэрал автомобиль гъуэгум и Iуфэу мы жылэхэм хуэзэхэм: Алъ-туд къуажэм (километри 4,1-м) Ислъэмей къуажэм (километри 6,82-м), Былым къуажэм (километри 2,74-м).
Гъуэгу лэжьыгъэм хэтхэр еужьэрэкIыу яужь итщ «Р-217» «Кавказ» автомобиль гъуэгур лъэныкъуиплIкIэ ущызэблэкI хъууэ щIыным, а лэжьыгъэхэр щокIуэкI километр 37-м. Къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж Къубэ-Тэбэ (413-нэ километрым къыщыщIэдзауэ 423-нэм нэс), Бахъсэн къалэм къыпэзыкIухь (423-нэм щегъэжьауэ 436-нэм нэс) гъуэгухэр, апхуэдэуи Старэ Шэрэдж - Арщыдан гъуэгум щыщ, 468-нэ километрым щегъэжьауэ 482-м нэс зыхыхьэ гъуэгу Iыхьэр. А лэжьыгъэ псори 2021 гъэм къриубыдэу зэфIагъэкIыну я мурадщ. Гъуэгухэр сыткIи зыхуей хуэзэу зэгъэпэщыжыныр яубзыхуа мардэм ипэ къихуэу зэфIагъэкI.
Абыхэм нэмыщI, «А-158» гъуэгум щыщ Iыхьэ 19 ягъэбыдэ, абыхэм псым и зэран емыкIын хуэдэу. А гъуэгур хохьэ Iуащхьэмахуэ лъапэ и зыгъэпсэхупIэхэм уахуэзышэхэм, Малкэ къуажэм и гъуэгумрэ «Р-217» «Кавказ» гъуэгум хыхьэ 405-нэ километрым деж Балъкъ псым телъ лъэмыжымрэ сыткIи зыхуей хуэзэу зэгъэпэщыжыным хуэгъэза лэжьыгъэхэми щIадзащ.
2021 гъэм «Кавказ» гъуэгум и нэгъуэщI IыхьитIи къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжыну я мурадщ, псори зэхэту километр 23-рэ я кIыхьагъыу. Прогресс - Къубэ-Тэбэ къуажэхэм я зэхуакум хиубыдэ (405-нэ километрым щегъэжьауэ 413-нэм нэсу), Арщыдан къуажэм Осетие Ищхъэрэ - Аланием екIуалIэ и гъунапкъэр (482-нэ километрым къыщыщIэдзауэ 497-м нэсу) зыхыхьэ гъуэгу Iыхьэхэри лъэныкъуиплIми ущызэблэкIыу нэхъ бгъуэ ящIынущ. А проектхэм я тхылъхэр ягъэхьэзыр, - жиIащ «Кавказ» федеральнэ автомобиль гъуэгум и управленэм и унафэщI Лечхаджиев Руслан.
Къыхэгъэщыпхъэщ «Р-271» «Кавказ» автомобиль гъуэгум щыщу Къэбэрдей-Балъкъэрым пхыкIынур лъэныкъуиплIкIэ ущызекIуэ хъууэ бгъуэуэ зэрыщытынур.
КIуэкIуэ Казбек «Кавказ» гъуэгум и управленэм и унафэщIхэмрэ и лэжьакIуэхэмрэ фIыщIэ яхуищIащ я IэужьыфIхэм папщIэ икIи Iуэхум къыхэжаныкIахэм КъБР-м и ЩIыхь тхылърэ Iэтащхьэм къыбгъэдэкI фIыщIэ тхылърэ яритащ.
ЗэIущIэр щызэхуащIыжым абы жиIащ: «Къэрал гъуэгухэм зэрызрагъэужьым ди дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ - абы ди экономикэм зрегъэIэт. А инфраструктурэм зэрызиужьыр, шэч хэмылъу, сэбэп хуохъу республикэм щыпсэухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэнми. Ауэ нэхъыщхьэ дыдэр Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ я шынагъуэншагъэр къызэгъэпэща зэрыхъурщ. 2020 гъэм къыщыщIэдзауэ гъуэгухэр нэхъ бгъуэ зэращIым и фIагъхэр нэрылъагъу хъуакIэщ». Республикэм и Iэтащхьэм апхуэдэу къыхигъэщащ туристхэм я зыгъэпсэхупIэхэм екIуалIэ гъуэгухэр куэдкIэ нэхъыфI зэрыхъуар. Абы жиIащ къэрал автомобиль гъуэгухэм зегъэужьыным, республикэм дежкIэ мыхьэнэ хэха зиIэм, хуэунэтIа лэжьыгъэхэм дызэрыт илъэсми къызэрыпащэнум шэч къызэрытримыхьэр.
Лечхаджиев Руслани щIыналъэхэм я Iэтащхьэхэм фIыщIэ къахуищIащ къэрал гъуэгухэр щIыным, жьы хъуахэр зыхуей хуэгъэзэжыным хуэгъэпса къэрал программэхэм къагъэув къалэнхэр гъэзэщIэным хуэунэтIауэ къазэрыдэлажьэм папщIэ.