Налшык щыIэ Сэралъп Мадинэ и Арт-центрым щагъэлъагъуэ художник-дизайнер Битокъу Владислав и «Хранители времени» выставкэр. Ар къызэригъэпэщащ IуэхущIапIэм и унафэщI Сэ- ралъп Мадинэ.
СурэтыщIым и гъэлъэгъуэныгъэм хигъэхьащ Налшык, Тбилиси къалэхэм, Дагъыстэным, Европэм я къалэ зыбжанэм щилъэгъуа псэупIэхэм, ухуэныгъэжьхэм я макет 41-рэ. КъищынэмыщIауэ, графикэ лэжьыгъэхэри утыку кърихьащ. Битокъум къехъулIащ блэкIа илъэсхэм щыIа архитектурэр зэфIигъэувэжын.
- Лэжьыгъэхэм щыдолъагъу къалэхэм я теплъэм иужь илъэсхэм зэхъуэкIыныгъэхэр зэрагъуэтар. Абыхэм блэкIам драгъэгупсыс икIи зыхыдагъащIэ ди адэжьхэр щыпсэуа, IункIыбзэ зрату щымыта унэхэм, дапщэщи зи бжэр зэIуха гъунэгъухэм я унэхэм дызэрыхуэзэшыр, - жиIащ Сэралъп Мадинэ. - Апхуэдэ теплъэ зиIэ псэупIэхэм ди нобэрей гъащIэм «къагъэзэжыныр» щхьэгъэпцIэжщ. Къэралым хуэсакъыу ихъумэ архитектурэ фэеплъ нэгъунэ зэрылъэлъэжыр ди нэгу щIокI. Жьы хъуауэ къэтлъытэ псори зэрыдгъэкIуэдыжыным зэпымыууэ дыхущIокъу, ди щэнхабзэм щыщ щIэ гуэр тхуэмыухуэми. Абы къыхэкIыу жьым и пIэм щIэ гуэр идгъэувэурэ докIуэкI. Аращ тхыдэм лъэ быдэкIэ дызэрыхэтым ехьэлIа щытыкIэ дыщIимыIэри.
Битокъум и лэжьыгъэхэр нэхъыжьхэм иджыри я гум илъ, щIалэгъуалэр зыщымыгъуазэ блэкIам дыхуэзышэж гупсысэщ. А унэхэм ухашэж къат куэду зэтет уардэунэшхуэм и пэ щыIа, зы унагъуэшхуэм хуэдэу псори зэхуэдэу, зэхуэгуапэу зэкIэлъыкIуэу щыпсэуа, Интернетым цIыхухэр щызэфIимыгъэкIуэда зэман дахэм. Художникым лъэщапIэ имыIэми, илъэс зыбжанэ и пэкIэ макетхэр гъэхьэзырыным дихьэхащ.
- Лэжьыгъэхэр си гукъыдэжым елъытауэ, зэрымыщIэкIэ езыр-езыру къэзгъэщIащ. Зы псэупIэ гуэрым къытесщIыкIа зы ухуэныгъи абы яхэткъым. Пасэ-рей унэхэр къыщыгъэлъэгъуа сурэт куэд сиIэщ, ауэ лэжьыгъэхэр абыхэм къатесщIыкIакъым. А архитектурэхэр си гупсысэщ къызыхэсхар. СызыхущIэкъур нэхъапэм щыIа унэхэм яIа теплъэр зэрыщыта дыдэм хуэдэу къэзгъэлъэгъуэжыныркъым, атIэ а ухуэныгъэхэм я хуабагъэр, щыIэкIар, щытыкIар цIыхухэм я деж нэсхьэсынырщ, - жеIэ Битокъу Владислав.
СурэтыщIым зэрыжиIэмкIэ, ар зэгуэр Тбилиси щыIащ икIи пасэрей къалэм щилъэгъуа унэжьхэр телъыджэ щыхъуащ. Тригъэзэжынуи и хъуэпсапIэт, нэхъ набдзэгубдзаплъэу ахэр зэпиплъыхьыну, иджыну, арщхьэкIэ пандемием зэкIэ апхуэдэ Iэмал къритыркъым.
- Хуит сащIамэ, Налшык къалэм и кур зэрыщыту Тбилиси и псэупIэхэм ещхьу сыухуэнт, - жеIэ Владислав. - Къат куэду зэтет унэхэр къалэ гъунэм згъэIэпхъуэнт, сыту жыпIэмэ ахэр теплъаджэщ, унэ цIыкIухэр гум къыподжэж, хуабагъэкIэ гъэнщIащ. 40 - 50 гъэхэм яухуа унэ закъуэтIакъуэхэр зым и ужь адрейр иту зэракъутэжыр ди нэгу щIокI.
Битокъу Владислав зэрысабийрэ сурэт щIыным дехьэх. Ар я гъэсэнщ художник цIэрыIуэ Ткаченкэ Андрейрэ Налшык и Сабий художественнэ школыр къызэIузыха икIи и унафэщIу щыта Вуколовэ Людмилэрэ. Абы КъБКъУ-м и инженер-техникэ факультетыр къиухащ. 90 гъэхэм ар «Газета Юга» къыдэкIыгъуэм и редакцэм и художникыу, иужькIэ и сурэттехыу щытащ.
Выставкэм зрагъэхьэлIащ жылагъуэ, творческэ, хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм.