Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек, Къэрэшей-Шэрджэсым и Iэтащхьэ Темрезов Рашид, Адыгэ Республикэм и Iэтащхьэ КъумпIыл Мурат сымэ Мейкъуапэ щызэхуозэ

Жэпуэгъуэм и 20-м Мейкъуапэ щы­зэхуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек, Къэрэшей-Шэрджэсым и Iэтащхьэ Темрезов ­Рашид, Адыгэ Республикэм и Iэтащ­хьэ КъумпIыл  Мурат сымэ.

Законхэр къыдэзыгъэкI, гъэзэ­щIакIуэ властым я лIыкIуэхэр ­зыхэта зэIущIэм щытепсэлъыхьащ Кавказ ­Ищхъэрэм жылагъуэ зэгурыIуэныгъэмрэ зэпIэзэрытыныгъэмрэ щыгъэ-б­ы­­дэным, егъэджэныгъэм, щIэныгъэм, щIалэгъуалэ политикэм я IэнатIэ­хэм щызэдэлэжьэным, лэжьакIуэхэм я IэщIагъэмрэ щIэныгъэмрэ хэгъэ­хъуэным ятеухуа программэхэр зэщIыгъуу гъэзэщIэным, щIалэгъуалэм я щIы­налъэ лагерхэмрэ зэхыхьэшхуэ­хэмрэ къызэгъэпэщыным, щэнхабзэ, гуманитар зэпыщIэныгъэхэм зегъэубгъуным, абы хиубыдэу КъБР-р, ­КъШР-р, Адыгейр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 100 зэрырикъум теухуа Iуэхухэр гъэ­хьэзырыным.
Гулъытэ хэха хуащIащ «Росатом» къэрал корпорацэмрэ УФ-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм-      рэ медицинэм и IэнатIэм и лэжьэкIэр къэIэтыным хуэгъэзауэ зэщIыгъуу ягъэхьэзыра проектым щIыналъэхэр зэрыхэтым.
Зэкъуэш республикэхэм я уна­фэщI­хэм жаIащ экономикэ, социальнэ, щэнхабзэ IэнатIэхэм ди щIыналъэхэр зэры­щызэдэлажьэм нэхъри зрагъэубгъуну зэрамурадыр.

КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 09:03

КЪЭЗАН КАРАТЭМКIЭ КЪЫЩЫХОЖАНЫКI

Къэзан къалэм и «АкБарс» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ «Кубок АкБарс»-р каратэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа дунейпсо зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 08:21

ДОТТУЕВ АХЪМЭТ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

Боксер цIэрыIуэу щыта, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм пашэныгъэр къыщызыхьа Доттуев Ахъмэт и фэеплъ урысейпсо зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Тырныауз къалэм щекIуэкIащ.

22.04.2024 - 16:54

ЗЭХУЭСЫШХУЭМ ЗЫХУАГЪЭХЬЭЗЫР

Экономикэ