ФIыгъуэ мылъытэ

УФ-ми КъБАССР-ми щIыхь зиIэ я артист, Абхъаз Республикэм и цIыхубэ артист, Къэбэрдей-Балъкъэрми Адыгейми я къэрал саугъэтхэм я лауреат, режиссёр, уэрэджыIакIуэ, усакIуэ, тхакIуэ, драматург, егъэджакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ Мысостышхуэ Пщызэбий Зэбэч и къуэр псэужамэ, жэпуэгъуэм и 15-м и ныбжьыр илъэс 85-рэ ирикъунут.
Мысостышхуэ Пщызэбий 1935 гъэм жэпуэгъуэм и 15-м Аруан щIыналъэм хыхьэ Псыгуэнсу къуажэм къыщалъхуащ. Зэрысабийрэ актёр IэщIагъэм дихьэх щIалэр къуажэ еджапIэм щыщIэсми жыджэру щыджэгурт я къуажэгъу Црым Тобий къызэригъэпэща гупым. Мысостышхуэр зыдэплъеин артист куэд я жылэм къыдэкIат. Апхуэдэщ абы щапхъэгъэлъагъуэ хуэхъуахэу Болэ Мурат, Жыгун Тимэ, Сонэ Мухьэрбий сымэ. ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и лъабжьэр зыгъэтIылъахэм ящыщ артист пажэм и цIэр къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ абы и тхыдэм. 1958 гъэм Москва дэт ГИТИС-м актёрхэр щагъэхьэзыр и факультетымрэ режиссёр курс нэхъыщхьэхэмрэ ехъулIэныгъэкIэ къиухыу къигъэзэжа нэужь, режиссёр IэщIагъэри а еджапIэм щызэзыгъэгъуэтыжа Мысостышхуэ Пщызэбий и гъащIэ псор ирипхат адыгэ театрым хуэлэжьэным.
Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и режиссёру, режиссёр нэхъыщхьэу илъэс зыбжанэкIэ лэжьащ ар. Щхьэхрэ ешрэ зэримыщIэм къыхэкIыу зыпэрыт IэнатIэм ар фIыуэ щехъулIэрт, зэфIэкI ин щиIэт. Къэбэрдей къэрал драмэ театрым Пщызэбий щигъэува спектаклхэм яхэткъым театреплъхэм ягу нэмыса. Апхуэдэу зыр адрейм зэран хуэмыхъуу абы хузэфIэкIащ режиссёрым и къалэнри актёр лэжьыгъэри зэдихьыну. Абы игъэува спектаклхэм ящыщщ ЩоджэнцIыкIу Алий и «Къамботрэ Лацэрэ», Ширван-заде Александр и «Жин фIыцIэ», Мольер Жан-Батист и «ЗалымыгъэкIэ ягъэIэза», Хугаев Георгий и «Андро и Сандро», Шамхалов Мэжид и «Гуащэ», Теппеев Алим и «Уи нэху» спектаклхэр.
Мысостышхуэ Пщызэбий и зэфIэкIыр иджыри пасэу, ГИТИС-м и адыгэ студием щеджэхэм Мольер и «Жорж Данден» пьесэм къытращIыкIа спектаклыр я диплом лэжьыгъэу щагъэхьэзырым, къэнэIуат. Мысостышхуэм къылъысат унэIут нэжэгужэ, Iэмалшы Любен и ролыр. Студент-артистым гъуэзэджэу къигъэлъэгъуэн хузэфIэкIащ Iуэхур щекIуэкI зэманкIи зи гугъу ищIкIи апхуэдизу тпэIэщIэ Франджым щыпсэу унэIутым и образыр. Зи псэукIи, зи дуней тетыкIи, зи хьэл-щэни игъащIэм умылъэгъуам и образыр апхуэдэу къэбгъэщIэн папщIэ, зэфIэкIышхуэ уиIэн хуейт.
Ар зэрызэфIэкIышхуэм и щыхьэтщ 1957 гъэм Къэбэрдей литературэмрэ гъуазджэмрэ я махуэхэр Москва щекIуэкIыу а спектаклыр ягъэлъэгъуа нэужькIэ, Мольер и ЛIыхъужь  ныбжьыщIэм и образыр нэхъыфIу зыгъэзэщIахэм Мысостышхуэр зэрыхабжамрэ зи ныбжьыр илъэс 22-м ит студент щIалэм 1958 гъэм «Лэжьыгъэм къызэрыщыхэжаныкIам папщIэ» медалыр къызэрыхуагъэфэщамрэ.
КъызэщIэпкъуэжмэ, лъэпкъ театрым, актёр лэжьыгъэм илъэс 60-м щIигъукIэ хэлъхьэныгъэ хуищIащ Мысостышхуэм. ЦIыхубэм гу къабзэрэ псэ хьэлэлкIэ хуэлэжьа Пщызэбий къалъытащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и артист нэхъыфI дыдэхэм ящыщу. Актёр зэчиифIэр, цIыху гуапэр и лэжьэгъухэми театреплъхэми фIыуэ къалъагъуу щытащ. Абы и лэжьыгъэфIхэр, къигъэщIа образ, роль гъэщIэгъуэнхэр республикэм исхэм ноби ящыгъупщэркъым. Ар зэчиишхуэ зыбгъэдэлъ цIыхуу зэрыщытым щыгъуазэр Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм я закъуэтэкъым - Шэрджэсми, Адыгейми, Абхъазми, Тыркуми фIыуэ къыщацIыхурт. Роль нэхъыщхьэу 100-м щIигъу зыгъэзэщIа, спектакль 20-м нэблагъэ зыгъэува Мысостышхуэр гукъинэжу щыджэгуащ «Анэм и гур», «Мыщэ и къуэ Батыр», «Тыргъэтауэ», «Эдип», «Мадинэ», «Къанэмэтрэ Къасболэтрэ», «Къамботрэ Лацэрэ», «Ущымыуэ, Чэрим!», «ИстамбылакIуэ», «Лашын», «Iэдииху» спектаклхэм, нэгъуэщIхэми. Ар цIэрыIуэ ирихъуащ Шолохов Михаил и «ЩIыщIэ къэIэта»,  Вольтер (Аруэ Франсуа-Мари) и «Магамет»,  Ануй Жан и «Медее», нэгъуэщI спектаклхэм щигъэзэщIа ролхэм. Актёр IэщIагъэм, театр гъуазджэм щиIэ зэфIэкIыр къалъытэри, Мысостышхуэ Пщызэбий къэрал саугъэтхэр къыхуагъэфэщащ. Апхуэдэхэщ «Лэжьыгъэм и ветеран» (1986) медалхэр, Абхъаз Республикэм Гулиа Дмитрий и цIэкIэ щагъэува Къэрал саугъэтыр (1984), Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэрал саугъэтыр (1998), Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхь тхылъхэр (1965; 1996).
Зэгуэрым, игъэзэщIа ролхэм я гугъу ищIыжу, Мысостышхуэ Пщызэбий мыпхуэдэу жиIат: «Дэтхэнэ актёрми иIэщ фIыуэ илъагъу образ. Си дежкIэ апхуэдэу щытщ Шортэн Аскэрбий и «Партым и лIыкIуэ» пьесэм хэт Андрей (Кировым) и ролыр… Ар лIыгъэшхуэ, хьэл-щэн дахэ зыхэлъ цIыху щыпкъэу щытащ. Шолоховым и «ЩIыщIэ къэIэтам» щызгъэзэщIа Давыдовым и ролри сигу къинэжахэм ящыщщ. Розов Виктор и «Гъуэгу махуэ» пьесэм щызгъэзэщIа Алексей и ролыр сэ къыстратхыкIами ярейщ. Ар згъэзэщIэн сухыу сценэм сыкъыщикIыжа дакъикъэхэм нэхърэ нэхъ дэрэжэгъуэ сиIауэ сщIэжыркъым. Алексей и хьэл-щэным, и къабзагъэм, и цIыхугъэм, и ерыщагъым сэ фIы куэд къыхэсхащ. ИкIи а фIыгъуэр си ныбжьэгъухэм, театрыр фIыуэ зылъагъухэм естыжащ. Актёрхэр аращ насыпкIэ дызэджэжыр».
Мысостышхуэ Пщызэбий телевиденэм и режиссёр нэхъыщхьэуи илъэс зыбжанэкIэ лэжьащ. ЩIэупщIэшхуэ иIэу, цIыхубэм ягу дыхьэу щытащ Пщызэбийрэ и щхьэгъусэ артисткэ цIэрыIуэ ЖьакIэмыхъу КIунэрэ телевиденэмрэ радиомрэ щрагъэкIуэкIыу щыта «Хасэ», «Iэдииху», «Театрымрэ театреплъымрэ», «ГушыIэхэмрэ ауанхэмрэ», «Пшыналъэ», «Жьэгу пащхьэ», «Аркъэн» нэтын хьэлэмэтхэм. А лэжьыгъэхэр республикэм и радиомрэ телевиденэмкIэ къатыжу нобэ ущрихьэлIэкIэ умыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым адыгэбзэр екIуу, и псэлъэкIэм удимыхьэхынкIэ Iэмал имыIэу къабзэу игъэшэрыуэу зэрыщытар. Пщызэбий республикэм и щэнхабзэм хуищIа хэлъхьэныгъэхэр фIыгъуэ мылъытэщ. Телевиденэмрэ радиомрэ я «дыщэ фондым» хагъэхьа лэжьыгъэ нэхъыфIхэр абы и Iэдакъэ къыщIэкIащ. Республикэм и щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ, адыгэбзэм, литературэм зегъэужьыным къищынэмыщIауэ, Пщызэбий къэралым и фильмографиеми хэлъхьэныгъэфI хуищIащ. Ар Iэзэу щыджэгуащ Ковалёв Марк триха «Колокол священной кузни» (1982), Бондарчук Сергей и «Красные колокола» (1981), Журавлёв Дмитрий и «Лавина с гор» (1958), Къандур Мухьэдин триха «Потерянная в горах», Амирджэбий Чабуа и «Дата Туташхиа», Къэрмокъуэ Мухьэмэд и тхыгъэм къытращIыкIа «Лъагъунгъэм и хьэтыркIэ» художественнэ фильмхэм. «Абхъаз Республикэм и цIыхубэ артист» цIэ лъапIэр къыфIащащ Абхъазым и ЛIыхъужь Лакобэ Нестор и образ телъыджэр къызэрехъулIам папщIэ.
КъыжыIапхъэщ, Мысостышхуэ Пщызэбий артист къудей мыхъуу, тхэнми дихьэхыу, усэхэр, Iуэтэжхэр, пьесэхэр, уэрэдхэр итхыу, урысыбзэкIэ тха пьесэхэр адыгэбзэкIэ зэридзэкIыу зэрыщытар. УсакIуэ Лыкъуэжь Нелли къыдигъэкIащ Пщызэбий и Iэдакъэ къыщIэкIа тхыгъэхэр щызэхуэхьэса «Дунейр чэзущ» тхылъыр. Актёрым  и тхыгъэ купщIафIэхэр триухуащ ар зыгъэпIейтей, и гур хэзыгъэщIу гъащIэм зыщрихьэлIэ, цIыхубэр зыгъэгузавэ Iуэхугъуэхэм. Мысостышхуэм и псалъэхэр зыщIэлъ уэрэд зыбжани щыIэщ.  
Ар тхэным зэрыдихьэхамрэ щIыдихьэхамрэ я гугъу щищIыжым, артист цIэрыIуэм жиIат: «Сэ си щIалэгъуэр зэрызгъэкIуам, балигъ сыхъуа нэужь си нэгу щIэкIахэм, гуапагъэ, цIыхугъэ зыдэслъэгъуа си ныбжьэгъухэм, лэжьэгъухэм, гъащIэ гъуэгу быркъуэшыркъуэм къыщысIэщIэщIа щыуагъэхэм сатетхыхьыж си хабзэщ. Стхыжхэм хэтщ уси, пьеси, уэрэди, Iуэтэжи, ауани, гушыIи. Дауи, сэ сызэрытхэр зыфIэауани, аргуэру зы тхакIуэ мыкIуэмытэ къэунэхуащ жызыIэни щыIэнущ. Сэ сытхакIуэкъым, тхакIуэхэм сахэвбжэнуи сыхуейкъым. Ар си дежкIэ насыпышхуэIуэщ, къалэн абрагъуэщ. Сэ схузэфIэкIынурати, си гъащIэм и зы плIанэпэ цIыкIу си тхыгъэхэм яхухэсхауэ, ар сэр-сэру згъэдэхэжу, згъэщIэрэщIэжу, стхахэм сыкъеджэжрэ гухэхъуэгъуэ къызату сыпсэуащ…».
Пщызэбий жылагъуэ лэжьыгъэшхуэ зэфIигъэкIыу щытащ, «Си бзэ - си псэ, си дуней» республикэ зэпеуэм и къэпщытакIуэ гупым, «Адыгэ Хасэ» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и советым, Театрым и лэжьакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэтащ. Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и къэрал институтым и студентхэр Пщызэбий хуригъаджэу щытащ утыку зэритынум,  сценэм зэрыщыпсэлъэнум. А псом къыдэкIуэу, унэтIыныгъэ куэдым зэфIэкI щызиIэ артистыр ящыщ зыщ «Бжьамий» IуэрыIуатэ ансамблыр къызэзыгъэпэщахэм. Ансамблым здыхэтым, Мысостышхуэм и макъ лъэщыр дуней псом и щIыналъэ зэмылIэужьгъуэхэм – Москва, Варшавэ, Париж, Амман, Даммаск, нэгъуэщI щIыпIэ куэдми щыIуащ.
ГуфIэгъуэрэ дэрэжэгъуэрэ цIыхубэм яритын, зыщыщ лъэпкъым и гъащIэр игъэдэхэн папщIэ Тхьэм къигъэщIа Мысостышхуэ Пщызэбий спектаклхэм нэжэгужэу, пэжагъ хэлъу щыджэгуащ, нэгъуэщIхэм я дежкIэ щапхъэгъэлъагъуэу. Ар цIыхухэм ягу къинэжащ хабзэ, нэмыс, хьэл-щэн дахэ зыхэлъ, лъэпкъ зэхэгъэж зымыщI, зи псалъэм тебгъуэтэж адыгэлIу, цIыху теплъафIэу, гуапэу, гушыIэшхуэ хэлъу, и лъэпкъымрэ и анэдэлъхубзэмрэ зыхилъхьэ щымыIэу фIыуэ илъагъуу. Ар зи гъусэу сценэм ита и лэжьэгъухэм я насыпу къалъытэ апхуэдэ актёр лъэщым дэлэжьэну къазэрыхуихуам папщIэ.
КъБР-м и театр гъуазджэр зэфIэзыгъэувахэм, абы и тхыдэр зыгъэбеяхэм ящыщ, щэнхабзэм, литературэм, кинематографием хэлъхьэныгъэфIхэр хуэзыщIа  Мысостышхуэ Пщызэбий 2009 гъэм дунейм ехыжащ. Ар артист гъуэзэджэу, щхьэгъусэфIу, адэфIу, Хэкур фIыуэ зылъагъу цIыхуу щытащ. ЗэфIэкI ин зыбгъэдэлъ артистым и лэжьэгъухэм, цIыхубэм пщIэ къыхуащIу къекIуэкIащ икIи абы и фэеплъыр зыщагъэгъупщэркъым и щхьэгъусэ, УФ-ми КъБР-ми щIыхь зиIэ я артисткэ ЖьакIэмыхъу КIунэ, и унагъуэм, театрым и лэжьакIуэхэм. А фэеплъыр цIыхухэм ягу илъыху абы и цIэри кIуэдынукъым.

 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.03.2024 - 08:57

ХЬЭЩIЭХЭМ ДЫКЪЫХАГЪАЩIЭ

Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ.

29.03.2024 - 08:56

ГУАПЭУ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм

29.03.2024 - 08:56

ХАДЭХЭКI ФIЭIУГЪЭХЭМКIЭ ДЫПАШЭЩ

Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос.

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.