Езэшынукъым, я лъабжьэр къыхамытхъмэ…

Щамым къикIыу адэжь щIыналъэр екIуэлIапIэ зыхуэхъуахэм ящыщщ КъШР-м щыщ Хьэбэз къуажэм унагъуэ хъар­зынэ щыдэхъухьыжа Къардэнхэ Данилрэ Бусейнэрэ (Уэтейхэ япхъущ).
Илъэсий хъуауэ унагъуэу зэдэпсэу зэщхьэгъусэхэм пщащитI - Таерэ Зоерэ - зэ­дапI.
- Кавказым къэкIуэжыныр и гум щи­гъафIэу и гъащIэ псор ихьащ си адэм. Ауэ абы щыгъуэм Урысейм укъихьэжыныр гугъу дыдэт, дэфтэрхэр зэгъэпэщыным лъэпощхьэпо куэд пыщIат, гъунапкъэхэри къузат… Арати, и хъуэпсапIэр нахуапIэ хуэмыхъуурэ дунейм ехыжащ…
Сэ сыкъыщежьэжам Щамым зауи бани щыIэтэкъым. Мыбы сыкъыщыIэпхъуэжа 2012 гъэм ипэ илъэситхукIэ Хэкужьым сыкъэкIуэну си мурадащ, ауэ Iуэху гуэрхэм сыкъызэтрагъэувыIащ… Сыкъежьэным мазитI-щы фIэкIа имыIэжу, си щхьэгъу­сэр зэуэзэпсэу дунейм ехыжащ, - игу къегъэкIыж Данил.
Щамым щисым Данилрэ Бусейнэрэ щыпсэуар Дамаск къалэращ, ауэ ахэр абы зэи щызэIущIакъым, щызэрылъэ­гъуа­къым. Бусейни къыдалъхуахэр, и бынхэр щIыгъуу, Урысейм къэIэпхъуауэ щы­тащ. Абы щыгъуэм бзылъхугъэм и щхьэгъусэр иIэжтэкъым. Дамаск дэсу ари зэуэзэпсэу дунейм ехыжат. Арати, Данилрэ Бусейнэрэ нэIуасэ щызэхуэхъуар, я насыпыр зы щыхъуар Налшык къалэрщ. 2012 гъэм щегъэжьауэ, Тхьэм узэрелъэIуну, хабзэрэ нэмысрэ зэрылъ Къардэнхэ я унагъуэр узэхъуэпсэн быну зэдопсэу.
- ЯпэщIыкIэ Налшык къалэм дыкъы­щызэтеувыIащ. Иужьым ЧеркессккIэ дыкъэIэпхъуащ. Зы илъэс иримыкъукIэ Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и къалащхьэм фэтэр къыщытхуащтэри, абы дыщIэсащ. ИтIанэ Хьэбэз къуажэм ды­щыпсэуну дыкъашащ. АбыкIи, япэрауэ, фIыщIэшхуэ ябгъэдэлъщ абы щыгъуэм лъэпкъым и Адыгэ Хасэм и унафэщIу щытахэм, къищынэмыщIауэ, Даур Рауф. Хьэбэз къуажэм дэт и унэм Рауф дыкъыщIигъэтIысхьэри, и щIыгури хуит къытхуищIат. Ар дэркIэ насып зэрыри­мыкъу щыIэтэкъым! Ноби ныжэби фIыщIэ яхудощI апхуэдэу къытпыкъуэкIа Рауфи, адрей щIалэхэми.
ИлъэситхукIэ а унэм пщIэншэу дыщIигъэсащ. Мес, унэшхуэщ (дегъэлъагъу), хадэ хъарзыни иIэщ. КIэртIоф, нартыху, нащэ, пIэтIрэжан хэтсэрт. Жыг хадэ диIэт, пхъэщхьэмыщхьэр сабийхэм пэрыхьэту яшхырт. Джэди тхьэкIумэкIыхьи зетхуэрт. Ди Iуэхухэр фIы дыдэу екIуэкIырт… Ноби дыхъарзынэщ. Пэжщ, Рауф и пщIантIэм дыщыдэсам зетхуа тхьэкIумэкIыхьыр мыбдежым щыдиIэжкъым, ахэр здыщIэ­тын зэрыдимыIэм къыхэкIыу. Си мурадщ ахэр зэзгъэпэщыжыныр, - къыддогуашэ Данил.
ИлъэситIкIэ узэIэбэкIыжмэ, мы унагъуэ дахэр унэщIэ Iэпхъуэжащ. Уеблэмэ, я гумрэ я псэмрэ щытынша Даур Рауф и ­лъап­сэм пэжыжьэ хъуакъым: абы къы­пэщыт дыдэщ Къардэнхэ кърата я щIапIэр.
- Хьэбэз районым и пашэу Байчорэ Бес­лъэн щытетам, дэIэпыкъуэгъу къытхуэ­хъури, нэгъуэщI адыгэ щIалэхэми я щIэгъэкъуэнкIэ, мы къуажэм щIыгу къыщытхупачауэ щытащ. «Зэ щIыгу фиIэ хъумэ, адэкIэ унэми дегупсысынщ, лъабжьэр едгъэгъэтIылъынщ…» - къыджаIат. Тхьэм игъэпсэу, къытхуамыщIа щыIэкъым. Ауэ мы щIапIэратэкъым япэщIыкIэ къытлъысар. Нэхъ пыIудзат. Арати, мы щIапIэр зейм зыхуагъазэщ, епсалъэри, къыда­хъуэжауэ щытащ…
Иужьым, сыщылажьэ IуэхущIапIэм и унафэщI Аргун Олег махуэ гуэрым сриджэри, «ЩIыгу къуатауэ зэхэсхаи?» къызэупщIащ.
- Пэжщ, Хьэбэз къуажэбгъум щIыгу соткэ 15 къыщысхупачащ, - естыжащ жэуап.
- Тхылъхэр зэтегъэпсыхьа?
- Сэ а тхылъхэм хэсщIыхьыща щыIэкъым, бзэр щумыщIэкIэ… Ауэ щIалэхэм ягъэхьэзырауэ аращ зэрыщытыр, - естыжащ жэуап.
- Мыдэ къысхуэхь а тхылъхэр, - къызжиIащ Олег.
Хуэсхьри, хэплъащ. Зыри къызжиIакъым. Абы иужькIэ махуитI дэкIауэ, ди щIапIэм зыгуэрхэр иту ялъэгъуащ. Тхьэмахуэ дэкIри, унэм и проектым къы­зэрыщыгъэлъэгъуам хуэдэу, лъабжьэр иратхъащ… Мис, апхуэдэу, Аргун Олег и фIыщIэкIэ, и мылъку защIэкIэ, илъэситI пIалъэм къриубыдэу, мы унэ дахащэр ди щIапIэм къиуващ, - гуфIэгъуэм и гур зэщIиIэтэу игу къегъэкIыж Данил.
Унагъуэм и тхьэмадэм лэжьапIэ IэнатIэ зэриIэри зи фIыщIэр Аргун Олегщ. Хэкужьым къызэрихьэж лъандэрэ, Данил и унагъуэр зэригъэпсэуным ехьэлIа гуныкъуэгъуэ иIэкъым, Хьэбэз жыпс заводым щолажьэ, абы хуабжьу ирогуфIэ.
Унэгуащэ Бусейнэ лэжьапIэ IэнатIэ епхауэ щымытми, махуэ псом Iуэхуншэ хъур­къым. Япэрауэ, хадэр зэрехьэ, хадэ­хэкIхэр я куэдщ. Къапщтэмэ, унагъуэ Iуэхур зэи мащIэ хъуркъым - пщэфIэным, нэгъуэщI Iуэхухэр зэкIэлъыгъэкIуэным Бусейнэ и махуэ ныкъуэр токIуадэ. Данил фIэфI адыгэ ерыскъыхэкIхэу хьэлывэр, пIастэр, шыпсыр, кхъуейжьапхъэр Бусейнэ гугъу демыхьу епщэфI, я Iэнэм ахэр текIыркъым.
А псоми нэмыщI, Бусейнэ дэрбзэр Iэ­щIагъэ иIэщи, и псэр дэзыхьэх Iуэхум сыхьэт бжыгъэ щытригъэкIуадэ къохъу. Бзылъхугъэм къуажэм щыщу къэзы­цIыхуа­хэри къыхуокIуэ, аабыхэм яхуодэ.
Зыхэс къуажэр, гъунэгъухэр къазэрыхущытым теухуауэ унэгуащэм жеIэ:
- Щамым дыщыщыIам хуэдэу, мыбы апхуэдэу куэд къыщыткIэлъыкIуэркъым. УзэкIэлъыкIуэн хуей хъумэ, Iэмал имыIэу зыгуэр зэхуэхьыпхъэу къалъытэ. Арами, ди гуфIэгъуи гузэвэгъуи къыддэзыIыгъын гъунэгъуфI дыдэхэр диIэщ. Дыхуэ­ныкъуэIауэ щысынукъым, Тхьэм и шыкуркIэ, къытлъогъуазэ, къытщIоупщIэ. Ды­зыщыпсэу къуажэри щIыпIэри дигу ирохь - дэнэкIи удзыпцIэщ, бгыщ, хьэуар къабзэщ, - гуфIэу пещэ Бусейнэ.
Тхьэм нэ фыгъуэм щихъумэ! Быным нурыр къащхьэщех: балигъхэр зэрызэгурыIуэр, адэ-анэ жьауэм щIэт пщащэхэр зэрынасыпыфIэр я нэгум иболъагъуэ. Унагъуэ хъуэпсэгъуэщ: я унэ щIэсщ, лэжьапIэ яIэщ, пщащитIри щIэныгъэм ­хуопабгъэ. АтIэ, зыми имыгъэпIейтейуэ пIэрэ мыхэр?
- Ди адэжь щIыналъэ дисыжщ, мамыру допсэу, Тхьэм и шыкурщ жыдоIэ. Ди ­жагъуэ зэрыхъущи, Щамым къикIыжахэм ящыщу, дэ тхуэдэу псэупIэри лэжьапIэри зи насып къихьахэр мащIэщ. ИтIани, дэ­ри дызыгъэгумэщI Iуэху гуэрхэр щыIэщ. Ар зэхьэлIар Урысейм и цIыхуу дыщытын папщIэ, «гражданство» къы­дэт­хынращи, абы и лъэныкъуэкIэ лъэпощхьэпор куэдщ. НобэкIэ дэ диIэр «вид на жительство»-щ. Къэралым и цIыхуу ды­къалъытэным ехьэлIа тхылъхэр дгъэхьэзырри яттати, зэфIэмыкIауэ къыдатыжащ. КъызэрыдгурагъэIуамкIэ, лъэпощхьэпо нэхъыщхьэ хъур урысыбзэр зэрыдмыщIэрщ.
 Хуабжьу гугъущ Урысейм укъихьэныр, абы къыхэкIыуи, ди лъэпкъэгъу куэд нэ­гъуэщI къэралхэм Iэпхъуащ. Ахэр унэ щIагъэтIысхьэ, зыхуэныкъуэну дэфтэрхэр щIэх дыдэ къыхузэрагъэпэщ, егъэзыгъэкIэ а къэралым и бзэ нэхъыщхьэр ирагъащIэ, абы папщIи ахъшэ ират. Къэрал программэ хэхахэр мэлажьэ. Апхуэдэу Урысейм деж зэрыщамыщIым ди Iуэхур къелъахъэ…
Ауэ, сыт хуэдиз лъэпощхьэпо мы Iуэхум хэмытми, дезэшынукъым, ди лъабжьэр ирамытхъмэ. Дэ нэхъыщхьэу дызыщIэгупсысыр къытщIэтаджэ ди сабийхэращ. ИлъэситIщ еджапIэр къиухыным къы­хуэнэжар ди нэхъыжьым. ИтIанэ, ищхьэ щIэныгъэ зригъэгъуэтыну еджапIэ кIуэн хуейщ. Ар дауэ тхузэфIэкIыну, гражданст­вэ димыIэу? - ягу къеуэу къыхагъэщ зэщ­хьэгъусэхэм.
Пщащэ цIыкIуитIыр, Тхьэм узэрелъэ­Iунщ - гъэсащ, Iущщ. Тае къуажэм дэт лицейм 9-нэ математикэ классыр, Зое курыт еджапIэм и 7-нэр нагъыщэфI защIэкIэ къаухащ. ЖыпIэнурамэ, еджапIэм зэры­кIуэрэ Тае «4» нагъыщэ къихьакъым. ТIури фIы дыдэу урысыбзэкIэ мэпсалъэ. Абы къыдэкIуэуи, пщащитIми адыгэбзэр, хьэрыпыбзэр, инджылызыбзэр ягъэ­шэ­рыуэ. Еджэным, есэпым зэрыдихьэхым нэмыщI, тIури сурэт щIынми хуэIэзэ дыдэщ. Тае и мурадщ графическэ, щыгъын дизайным, архитектурэм хуеджэну. Абы папщIи Урысейм и щэнхабзэ къалащхьэу къалъытэ Санкт-ПетербургкIэ, Тхьэм жиIэмэ, иунэтIыну и гугъэщ.
Зое иджыри IэщIагъэ хуэхъуным егуп­сысакъым. Ауэ хуабжьу сабий гурыхуэщ, гупсысэ куу зыбгъэдэлъщ. Ар нэрылъагъу ящI пщащитIым я IэдакъэщIэкI сурэтхэм… Тае къуажэм дэт художественнэ еджапIэми зыщегъасэ, интернет IэмалкIи и Iэзагъэм хегъахъуэ.
Зэщхьэгъусэхэм Iыхьлыр я куэдщ, зэ­гъу­сэу Хэкум къэIэпхъуэжахэщ. Ахэр Налшыки, Мейкъуапи, Абхъазми щопсэу. Пэжщ, я псэупIэхэр зэпэжыжьэщ, ауэ щIэх-щIэхыурэ зэкIэлъокIуэ, я зэпыщIэ­ныгъэр ягъэкIуэдыркъым. Псом нэхърэ нэхъыщхьэр аращи, я нэхъыжьхэм я хъуэп­сапIэу щыта адэжь Хэкум дэтхэнэми лъабжьэ быдэ щигъэтIылъащ.
Къардэнхэ я унагъуэ дахэм уи псэр бгъэ­дэзышэ зы хьэл гъэщIэгъуэн ядэт­лъэгъуащ - я нэгур зэрызэIухам хуэдэу, ягури къабзэщ. Абы къыдэкIуэуи, я гур ягъэ­кIуэдыркъым, Тхьэм щогугъ, фIым щIолъэIу. Шэч къызытрамыхьэр аращи, Хэкужьым къызэрыкIуэжам зэи хущIе­гъуэ­жынукъым. Тхьэм гу щаригъахуэ!

ЩОХЪУЖЬ Лусанэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 09:03

КЪЭЗАН КАРАТЭМКIЭ КЪЫЩЫХОЖАНЫКI

Къэзан къалэм и «АкБарс» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ «Кубок АкБарс»-р каратэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа дунейпсо зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 08:21

ДОТТУЕВ АХЪМЭТ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

Боксер цIэрыIуэу щыта, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм пашэныгъэр къыщызыхьа Доттуев Ахъмэт и фэеплъ урысейпсо зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Тырныауз къалэм щекIуэкIащ.

22.04.2024 - 16:54

ЗЭХУЭСЫШХУЭМ ЗЫХУАГЪЭХЬЭЗЫР

Экономикэ