Зыхъумэжыныгъэр къызэрагъэпэщ

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ иджыблагъэ иригъэ­кIуэкIа зи чэзу зэIущIэм депутатхэр щы­тепсэлъыхьащ «ЦIыхубэ зыхъумэ­жыныгъэм теухуауэ» федеральнэ законыр Къэбэрдей-Балъкъэрым зэры­ща­­гъэзащIэ щIыкIэм.
Урысейм и МЧС-м и управленэ нэ­хъыщ­хьэу КъБР-м щыIэм и унафэщIым и къуэдзэ Анаев Мухьэмэт къыхигъэщащ УФ-м и Правительствэм 2019 гъэм ды­гъэ­гъазэм и 21-м къыдигъэкIа унафэ №3127-м тету 2020 гъэм къыщыщIэдзауэ цIыхубэ зыхъу­мэжыныгъэм епха пщэ­рылъхэр КъБР-м и МЧС-м зэрыритар ­КъБР-м Ухуэныгъэмрэ псэупIэ-ком­му­наль­нэ IэнатIэмкIэ и министерствэм Къэ­хъукъащIэхэм я лъэужьхэр гъэ­кIуэ­ды­жынымрэ цIыхубэ зыхъумэжыныгъэм и IуэхухэмкIэ и департаментым. Рес­пуб­ликэм и къэрал IуэхущIапIэхэм, минис­терствэхэм, къищынэмыщIауэ, муниципальнэ район псоми цIыхубэ зы­хъу­мэ­жы­ны­гъэмкIэ управленэхэр къыщызэIуахащ.
IуэхущIапIэхэр илъэс къэс хэтщ цIыху- бэ зыхъумэжыныгъэмкIэ урысейпсо штаб гъэсэныгъэм. 2019 гъэм апхуэдэ IэнатIэхэр Iуэхум зэрыхуэхьэзырыр къыщапщытащ Дзэлыкъуэ, Шэрэдж, Iуащхьэмахуэ щIыналъэхэм.
КъэхъукъащIэ шынагъуэ зэрыщыIэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэм ­ира­гъащIэ щIыналъэ автоматизированнэ системэ П-166 (П-160) IэмалымкIэ.
ЦIыхубэ зыхъумэжыныгъэмкIэ IэнатIэм и щIэгъэкъуэнщ КъБР-м Узыншагъэр ­хъумэнымкIэ и министерствэр. Псалъэм папщIэ, республикэм узыншагъэр щрагъэфIакIуэ IуэхущIапIэ псоми сыт щыгъуи гъэтIылъауэ яIэщ хущхъуэрэ уIэгъэхэр зэрапхэ Iэмэпсымэхэмрэ.
КъэхъукъащIэ шынагъуэхэм я лъэу-жьыр ягъэкIуэдыжын мурадкIэ, апхуэдэуи щытыкIэ гугъу къыщыхъу зэманым тещIыхьауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым зэгу­рыIуэныгъэкIэ гъэтIылъыгъэхэр щыIэщ, ерыскъы, щыгъын, ухуэныгъэм епха хьэпшып, щIыдагъэ, нэгъуэщIхэри къы­зэ­рашэным тещIыхьауэ.
Республикэм щолажьэ ЦIыхубэ зыхъу­мэжыныгъэр къызэгъэпэщынымрэ щы­ты­кIэ шынагъуэхэм деж цIыхухэр къегъэлынымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр IуэхущIапIэр. Абдеж щагъэхьэзыр гуп уна­фэщIхэр.
Анаевым зэрыжиIамкIэ, экономикэ, социальнэ щытыкIэр зэпIэзэрыту зэры­щы­мытым къыхэкIыу, цIыхубэ зыхъумэжы­ныгъэмкIэ IэнатIэм нэхъ ипэIуэкIэ и къалэну щымыта куэд игъэзэщIэн хуей мэхъу. Абыхэм ящыщщ техногеннэ, гуманитар къэхъукъащIэхэм, щIыуэпсым къыщы­хъухэри яхэту, я лъэужьхэр ягъэкIуэды­жыныр.
Къэпсэлъам дыщIигъуащ 2030 гъэ пщIон­дэ тещIыхьа ЦIыхубэ зыхъумэжы­ныгъэм зегъэужьыным, цIыхухэмрэ щIы­пIэхэмрэ къэхъукъащIэхэм ящыхъу­мэ­ным, мафIэс шынагъуэншагъэмрэ псым цIыхухэм ящыкIэлъыплъыным и стра­тегием ипкъ иткIэ Урысейм и МЧС-м зэ­ры­зэхигъэувар 2020 - 2024 гъэхэм зэлэжьыну Iуэ­хухэр.
КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ къыхигъэщащ зи гугъу ящI Iуэхур иджы япэу хабзэгъэув IуэхущIапIэм къызэрыщаIэтар, апхуэдэуи щIэупщIащ мы зэманым цIыхухэр зытегузэвыхь коронавирусым ехьэлIауэ КъБР-м и МЧС-м республикэм щригъэкIуэкI лэжьыгъэм. Анаевым жиIащ илъэсым и пэм щегъэжьауэ а вирусыр зэбгрыкIыным зэ­ры­пэ­щIэтыну Iэмалхэм щытепсэлъыхь зэIущIэхэр зэрырагъэкIуэкIыр, а Iуэхум зи ­нэIэ тет IэнатIэхэми жыджэру зэрадэлажьэр.
КъБР-м и Парламентым ЛэжьыгъэмкIэ, социальнэ политикэмрэ узыншагъэр ­хъу­мэнымкIэ и комитетым и унафэщIым и къуэдзэ ­Безгодькэ Владимир тепсэ­лъы­хьащ республикэм и хъумапIэхэм щIэлъ гъэ­тIы­лъы­гъэ­хэр (зэ­­рызатхьэщI хьэп­шып­хэмрэ нэ­гъуэ­щI­­хэмрэ) къызэрагъэсэбэп пIа­лъэм зэ­ре­зэгъыр къэпщытэн зэ­ры­хуейм.
Парламентым БюджетымкIэ, налог­хэмрэ финанс IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI АфэщIагъуэ Михаил къыхигъэщащ мыгъэрей щIымахуэр хуабэу зэ­ры­щытам къыхэкIыу, псыкъиухэр щыIэнкIэ зэрыхъунум зэрытегузэвыхьыр. Анаевым абы и жэуапу жиIащ а Iуэхум кIэлъыплъ комиссэм и зэIущIэр мыгувэу зэрырагъэкIуэкIынур.
Депутатхэр тепсэлъыхьащ КъБР-м и МЧС-р курыт еджапIэхэм зэрадэлажьэ щIыкIэм, цIыхубэ зыхъумэжыныгъэм и медицинэ лэжьакIуэхэм диплом зэры­зы­Iэрагъэхьэ Iэмалхэм, нэгъуэщIхэми.
ЗэIущIэм щаубзыхуащ КъБР-м и Iэтащ­хьэ КIуэкIуэ Казбек 2020 гъэм мазаем и 26-м республикэм и хабзэгъэув Iуэху­щIа­пIэм Зэрызыхуигъэзам къыщыгъэлъэ­гъуа­­хэр зэрагъэзэщIэну Iэхугъуэхэр.
-Iуэхугъуэ 30-м нэблагъэ едгъэкIуэкIынущ. Абыхэм хыхьэу законопроекти 7-м делэжьынущ, «Правительствэм хухах сы­хьэ­тым» и зэIущIэу 9, комитетхэм я зэхуэсу 12 къызэдгъэпэщынущ, - жиIащ Парламентым КIэлъыплъыныгъэмрэ регламентымкIэ и комитетым и унафэщI Кан­сае­вэ Еленэ.
ЗэIущIэм щыхэплъащ УФ-м и Бюджет, Лэжьыгъэ кодексхэм, къэрал граждан IэнатIэм, щIэныгъэмрэ къэрал щIэныгъэ-техникэ политикэмрэ зэхъуэкIыныгъэ- хэр хэлъхьэным я IуэхукIэ федеральнэ законхэм я проектхэм.

КъБР-м и Парламентым и пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.03.2024 - 08:57

ХЬЭЩIЭХЭМ ДЫКЪЫХАГЪАЩIЭ

Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ.

29.03.2024 - 08:56

ГУАПЭУ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм

29.03.2024 - 08:56

ХАДЭХЭКI ФIЭIУГЪЭХЭМКIЭ ДЫПАШЭЩ

Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос.

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.