Мазаем и 21-р Анэдэлъхубзэр хъумэным и махуэщ.

Ди анэдэлъхубзэр хъумэныр, ар егъэфIэкIуэныр и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщу, ди республикэм илъэс 20-м щIигъуауэ щокIуэкI «Си бзэ – си псэ, си дуней» щIыналъэпсо фестиваль-зэпеуэр. Апхуэдэу абы наIуэ къещI ди бзэр щIэблэм егъэджэным нэхъ егугъухэм, ехъулIэныгъэ нэхъыбэ зиIэхэм я цIэхэр. Зи гугъу тщIыхэм ящыщщ Аруан щIыналъэм хыхьэ Къэхъун къуажэм дэт курыт школ № 1-м адыгэбзэмрэ литературэмрэ щезыгъэдж Гъащтэ (Ефэнды) Анетэ СулътIан и пхъур. Жэуаплыныгъэ зыпылъ а IэнатIэм илъэс 35-м щIигъуауэ пэрыт егъэджакIуэ щыпкъэм фIыуэ къыгуроIуэ сабийр хэкупсэу, и анэдэлъхубзэм пщIэ хуищIу, ар Iурылъу къэгъэтэджыныр лъэпкъ гъэсэныгъэкIэ дызэджэ унэтIыныгъэм и къалэн нэхъыщхьэу зэрыщытыр. Анетэ къызэрилъытэмкIэ, апхуэдэ лэжьыгъэм и жэрдэмщIакIуэу икIи зэхэублакIуэу щытын хуейхэм ящыщщ анэдэлъхубзэмкIэ егъэджакIуэхэр. Лъэпкъпсо мыхьэнэ зиIэ а Iуэхур ныкъусаныгъэншэу зэфIэхыным егугъуу и лэжьыгъэр ирехьэкI Гъащтэм.
ЕгъэджакIуэ IэщIагъэм иджыри сабийуэ гу хуищIащ Анетэ. Аушыджэр къуажэм щыпсэу Ефэндыхэ СулътIанрэ КIунэрэ зэдагъуэта бынитхум ящыщщ хъыджэбз цIыкIур лъэпкъ таурыхъхэм, хъыбархэм драгъэхьэхащ и нэхъыжьхэм, пэщIэдзэ школым щезыгъэджа Ефэнды Хьэбыцини абы адыгэбзэр фIыуэ иригъэлъэгъуащ.
- Ди адэр пасэу дунейм ехыжри, ди анэм сабиитхур дыкъыхуэнат зыхуей дыхуигъэзэн хуейуэ. Куэд и фэ дэкIащ а тхьэмыщкIэм, ауэ, сыт хуэдэу гугъу ехьами, абы хузэфIэкIащ бынхэм тщыщ дэтхэнэри гъащIэм гъуэгу захуэ дыщытригъэувэн, дызэрыпсэун IэщIагъэ дигъэгъуэтын, - и сабиигъуэр игу къегъэкIыж Анетэ. - ЩIэныгъэ нэхъыщхьэ зэзгъэгъуэтыным сэ нэхърэ нэхъ и нэ къыхуикI хуэдэт си анэм. АбыкIэ дэIэпыгъуэгъушхуи щапхъэ нэси къысхуэхъуауэ щытащ си адэ къуэшым и щхьэгъусэ, егъэджакIуэ Iэзэу щыта Ефэнды Хьэбыцинэ. Сэ куэдрэ сыкIэлъыплъырт абы и лэжьэкIэм, сехъуапсэрт ар и еджакIуэхэм зэрахэтым, слъагъурт къыдэлажьэхэм къыхуащI пщIэр, езым и IэщIагъэм хуиIэ лъагъуныгъэр. Анэдэлъхубзэм и къулеягъыр, и IэфIагъыр нэсу зыхызигъэщIащ Хьэбыцинэ икIи мурад сщIауэ щытащ абы ещхьу, сэри егъэджакIуэ сыхъуну. Апхуэдэу, си анэм и хъуэпсапIэмрэ егъэджакIуэм и фIэщхъуныгъэмрэ си гъуазэу курыт школыр ехъулIэныгъэ сиIэу къэзухащ. Си щIэныгъэм адэкIэ щыхэзгъэхъуащ КъБКъУ-м и тхыдэ-филологие факультетым урысыбзэмрэ адыгэбзэмкIэ и къудамэм.
1983 гъэ лъандэрэ Анетэ щолажьэ Къэхъун дэт курыт школым. Лэжьыгъэри еджэнри зэдихьу илъэс зыбжанэ ирихьэкIащ абы. ГъащIэр лъэпощхьэпоуншэ зэи хъуркъым, ауэ егъэджакIуэр хущIэкъуащ и щхьэ, и унагъуэ Iуэхухэр лэжьыгъэм зэран хуимыгъэхъуным. Егъэджэныгъэм япэ лъэбакъуэхэр щыхичэм, абы дэIэпыкъуэгъу, чэнджэщэгъу къыхуэхъуащ а зэманым школым адыгэбзэ щезыгъэджу щыта Езий Еленэ, Жамборэ Iэуес сымэ, щапхъэу икIи унэтIакIуэу иIащ зыхэхуа гупым и нэхъыжьыфIхэр.
Абыхэм я сэбэпу егъэджакIуэ ныбжьыщIэм къекIамрэ зыхищIа гуапагъэмрэ къарурэ гушхуэныгъэрэ къыхалъхьэу, бгъэдэлъ щIэныгъэр и тегъэщIапIэу лэжьыгъэм хыхьащ Гъащтэр, анэдэлъхубзэм и дуней телъыджэр еджакIуэ цIыкIухэм къахузэIуихыу. Бзэ шэрыуэ зыIурылъ, гушыIэ дахэ зыхэлъ адыгэ бзылъхугъэр апхуэдэурэ нэсащ и зэфIэкIым и лъагапIэхэм. Абы и гъэсэнхэр дапщэщи жыджэру хэтщ адыгэбзэмкIэ школпсо, куейпсо зэпеуэхэм. Я егъэджакIуэм бзэм хуиIэ лъагъуныгъэр псэкIэ зыхэзыщIэу абы и лъэужьым ирикIуа ныбжьыщIэхэри мащIэкъым. Абыи къегъэлъагъуэ егъэджакIуэм и лэжьыгъэр псыхэкIуадэ зэрымыхъур, апхуэдэуи наIуэ къещI адыгэбзэр нэхъ куууэ зыджыну гукъыдэж зиIэ куэд щIэблэм зэрахэтри.
Гъащтэр хущIокъу и дерсхэр щIэщыгъуэу икIи гукъинэу иухуэным. Абы и лэжьыгъэм къыщегъэсэбэп егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ методикэм къыхыхьэ IэмалыщIэхэр. Апхуэдэу купщIафIэу, екIуу, гъащIэм и лъэныкъуэ куэд къызэщIиубыдэу ухуа хъуат абы «Си бзэ - си псэ, си дуней» республикэпсо зэпеуэм щита дерсыр. Къэралым, республикэм щыщыIэ иджырей жылагъуэ-политикэ щытыкIэм пэджэж хуэдэт абы и темэр: Лъэпкъхэм яку дэлъ зэныбжьэгъугъэр мамырыгъэм и джэлэсщ. «Зэкъуэш псори зы анэ къилъхуркъым», «Благъэ жыжьэ нэхърэ - гъунэгъуфI», «Махуаем бгъуэтыжыр ныбжьэгъуфIырщ», «ЗэкъуэшитIрэ дзитI зыIут къамэрэ» - игъащIэми ди лъэпкъым къадекIуэкI мы псалъэжьхэм ящыщ дэтхэнэри къыхуеджэныгъэ хуэпщI хъунут егъэджакIуэ IэкIуэлъакIуэм 6-нэ «а» классым адыгэ литературэмкIэ щригъэкIуэкIа дерсым.
Лъэпкъхэм яку дэлъ зэныбжьэгъугъэмрэ зэхущытыкIэ дахэмрэ гъащIэм и IэфIыр куэдкIэ зэрелъытар ныбжьыщIэхэм псэкIэ захригъэщIэн папщIэ, Анетэ тегъэщIапIэ ищIащ адыгэ тхакIуэшхуэ Щомахуэ Амырхъан и къалэмыпэм къыпыкIа «ЗэкъуэшитI» рассказыр. Тхыгъэр зытеухуар апхуэдэу хуэкIуэпсырт ди къэралым и мызакъуэу, хамэ щIыпIэ куэдми Iэтауэ щагъэлъэпIэну цIыхубэпсо махуэшхуэм - 1941-1945 гъэхэм екIуэкIа зауэшхуэм ди Хэкум ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщихьам.
ИпэкIэ зи гугъу тщIа къалэн нэхъыщхьэхэм къадэкIуэу, егъэджакIуэм и мурадащ зеиншагъэр къызыхэкIыр, абы щхьэусыгъуэ хуэхъу Iуэхугъуэхэр, зи ныбжь хэкIуэтахэр щапIыж унэхэмрэ сабий унэхэмрэ щыIэ цIыхухэр гулъытэ, гу щабагъэ, гуапагъэ зэрыхуэныкъуэр ныбжьыщIэхэм къагуригъэIуэныр.
ЕгъэджакIуэм цIыкIухэр иригъэдэIуащ Нэхущ Чэрим игъэзащIэ «Адэ» уэрэдым. Дерсым кърихьэлIа дэтхэнэри и адэ-анэм, унагъуэм а дакъикъэхэм зэрегупсысам шэч хэлъкъым. Апхуэдэ я гурыгъу-гурыщIэхэр иужькIэ къаIуэтащ ныбжьыщIэхэм. «Сыт хуэдэ ныбжьми, зеиншэныр гур хэзыгъэщI, псэр зыгъэмахэ Iуэхугъуэщ. Апхуэдэ лажьэ зылъэIэса къытхэтмэ, абы ар къытемыхьэлъэным адрей псори дыхущIэкъун хуейщ», - апхуэдэ гупсысэ нэхъыщхьэм хуэкIуэрт еджакIуэ цIыкIухэм къаIэта псалъэмакъыр.
-«Си бзэ – си псэ, си дуней» республикэпсо зэпеуэм Гъащтэр къызэрыхыхьа дерсыр икъукIэ хьэлэмэтт, купщIафIэт. Абы нэрылъагъу къищIащ егъэджакIуэм и дэтхэнэ дерсри фIым хуигъэлажьэу, гъэсэныгъэ мыхьэнэшхуэ ириту зэрыщытыр, - жаIэрт зэпеуэм и къэпщытакIуэхэм. - Гъащтэм и Iуэху зехьэкIэр хьэлэмэтщ, адрейхэм емыщхьщ. Абы зэхуэдэу IэкIуэлъакIуэу дерсым къыщегъэсэбэп егъэджэныгъэ программэм къигъэув мардэхэри, ныбжьыщIэхэм я гупсысэм, дуней еплъыкIэм зезыгъэужь творческэ лэжьыгъэхэри. Ахэр зэпэщу, ныкъусаныгъэншэу зэхэухуэнэныр зылъэкIыр Iэзагъ лъагэ зыбгъэдэлъ егъэджакIуэхэрщ. Гъащтэм ар къызэрехъулIэр къэпщытакIуэ гупым хэтахэм нэрылъагъу тщыхъуащ. Аращ егъэджакIуэм зэпеуэм и къызэгъэпэщакIуэхэм къабгъэдэкI щытхъу тхылъ щIыхуагъэфэщари.
ЕхъулIэныгъэфIхэр зи IэнатIэм щызыIэрызыгъэхьэ егъэджакIуэм унагъуэ дахи иIэщ. Абырэ и щхьэгъусэ Валерэрэ зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу мэпсэу. Зэщхьэгъусэхэм бынитI зэдагъуэтащ. Залини Азэмэти зэрыпсэун IэщIагъэ, щIэныгъэ ирагъэгъуэтащ адэ-анэхэм. Ахэр унагъуэщ, щIэблэ дахэ къащIоувэ. Анетэ щогуфIыкI и бынхэм, абыхэм яхуигъадэ и гъэсэнхэм я ехъулIэныгъэхэм. Дэтхэнэми и текIуэныгъэм анэм, анэшхуэм, егъэджакIуэм, гъэсакIуэм и лъэр нэхъри щIегъэкI.
ЩIэблэм анэдэлъхубзэр егъэджыным, хэкупсэу гъэсэным псэ хьэлэлу пэрыт егъэджакIуэм ехъулIэныгъэщIэхэр иIэну ди гуапэщ.

ЖЫЛАСЭ Маритэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.04.2024 - 08:21

ЗЭНЫБЖЬЭГЪУГЪЭР ЯПЭ ИРАГЪЭЩУ

Налшык къалэм дэт «Каисса» шахмат центрым иджыблагъэ республикэ зэхьэзэхуэ щекIуэкIащ. КъызэрыгуэкI шахмат джэгукIэмкIэ абы щызэпеуащ зауэ зэпэщIэувэныгъэхэм, дзэ Iуэху хэхахэм хэтахэр.

16.04.2024 - 08:19

КIЫЩ АСЛЪЭНБЭЧ И ДЫЩЭХЭМ КЪЫХЕГЪАХЪУЭ

Мэлыжьыхьым и 9 - 10-хэм Орёл къалэм щекIуэкIащ тэмэму зэхэзмыххэм я деж пашэныгъэр алыдж-урым бэнэкIэмкIэ къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.

16.04.2024 - 08:18

СОЧЭ КЪАЩЫПОПЛЪЭ

«Белая Ладья» фIэщыгъэр зэрихьэу Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ курыт еджапIэхэм я командэхэм шахматымкIэ я урысейпсо зэхьэзэхуэ зэIуха.

16.04.2024 - 08:18

КЪЫЩIАГЪЭКIЫМ И КУЭДАГЪЫМ ХОХЪУЭ

Къэбэрдей-Балъкъэрым Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, 2024 гъэм и щIышылэ -мазаем къриубыдэу республикэм къыщыщIагъэкIа IэфIыкIэхэкIхэм я куэдагъым процент 24-кIэ, н

15.04.2024 - 16:03

АГУИЙ И IЭХЭЛЪАХЭМ

Испы-унэ телъыджэ