Хабзэ нэхъыщхьэм куууэ зыщагъэгъуазэ.

КъБР-м и курыт школ псоми къикIа ныб­жьыщIи 100-м щIигъу щызэхуэсат Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зе­зыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал ­университетым. Ахэр хэтащ «Урысейм и Конституцэм дытопсэлъыхь» щIалэгъуалэ форумым. Iуэхур къызэзыгъэпэщар еджапIэ нэхъыщхьэм ХабзэмкIэ и клу­бым хэтхэращ. Абы и мурад нэхъыщхьэр ди щIыналъэм ис ныбжьыщIэхэр къэралым и хабзэ нэ­хъыщ­хьэм нэхъ ­куууэ щыгъэ-гъуэзынрат.
Зэхуэсым хьэщIэ лъапIэхэр кърагъэблэгъат. Абыхэм яхэтащ КъБР-м и Iэтащ­хьэмрэ Правительствэмрэ я лIыкIуэу ­КъБР-м и Парламентымрэ суд IуэхущIапIэ­хэмрэ щыIэ ДыщэкI Мадинэ, КъБР-м и ­Парламентым Аппаратым и УнафэщIым и къуэдзэ Хьэ­мыкъуэ Аслъэн, КъБКъУ-м ПравэмкIэ, экономикэмрэ финансхэмкIэ и институ­тым и унафэщI ГъукIэпщокъуэ Мурат, абы конституцэ, административнэ хуи­ты­ныгъэ­хэмкIэ и кафедрэм и пашэ Багъэ­тыр Алим. Ахэр ныбжьыщIэхэм яхутеп­сэлъыхьащ Конституцэм и мыхьэнэм икIи жа­Iащ ди къэралым и къэкIуэнур нэхъыбэу зэлъыта щIэблэм фIыкIэ зэращыгугъыр.
-Сэ си насып къикIри, сыдэлэжьэну къыс­хуихуащ УФ-м и Конституцэр зэхэ­зылъ­­хьа къэрал къулыкъущIэ цIэрыIуэ ­Къалмыкъ Юрэ. Абы жиIэрейт Конституцэм хуэдэу цIыхум и хуитыныгъэхэмрэ ­къалэнхэмрэ, къэралым лъабжьэ хуэхъу хабзэхэр быдэу къыщыгъэлъэгъуа дэфтэр зэрыщы­мы­Iэр, - къыхигъэщащ и къэп­сэлъэныгъэм ГъукIэпщокъуэ Мурат. - Ди Хэкум, абы и хабзэхэм пщIэ хуэтщIу, ахэр къы­зы­хуэтыншэу дгъэзэщIэным дыхущIэкъун ­хуейщ дэтхэнэри, ди лъэпкъ хабзэхэри щэнхабзэри IэщIыб дымыщIу. Нобэ фы­зы­хэтыну Iуэхугъуэхэр абы хуэгъэп-сащ.
Форумым хэтхэм папщIэ ягъэхьэзыра Iуэхугъуэхэм куэд къызэщIаубыдэрт. Ап­хуэ­дэхэт, псалъэм папщIэ, ныбжьыщIэхэм ягъэзэщIа тест лэжьыгъэхэр, тренингхэр, ахэр зыщIэса мастер-классхэр, «Сыт? Дэнэ? Дапщэщ?», «Ди хуитыныгъэхэр», «Конституцэм и мардэхэр» джэгу-зэпеуэ­хэр, нэгъуэщIхэри.
Махуэ зыбжанэм тегуэшауэ щыта а лэ­жьыгъэ псоми жыджэру хэлэжьыхьащ школакIуэхэр. Абы зэрыхэтам щыхьэт те­хъуэ сертификатхэр иужькIэ иратыжащ.

ТАМБИЙ Линэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)