Адыгэ Республикэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 28-рэ зэрырикъур фокIадэм и 29-м щегъэжьауэ жэпуэгъуэм и 10 хъухукIэ Iэтауэ щагъэлъэпIащ ди къуэш щIыналъэм и къалэхэмрэ къуажэхэмрэ.
Жэпуэгъуэм и 4 - 5-хэм гуфIэгъуэ махуэхэм я гуащIэгъуэу екIуэкIащ.
АР-м и лIыщхьэ КъумпIыл Мурат Правительствэм и Унэм Урысей Федерацэм, Адыгейм я щIыхь дамыгъэхэр IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм къыщыхэжаныкIа цIыху гупышхуэхэм яритыжащ.
А Iуэхугъуэхэм ирагъэблагъэри хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм и Администрацэм и тхьэмадэ Къуэдзокъуэ Мухьэмэдрэ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и президент Сэхъурокъуэ Хьэутийрэ. КъБР-м и Iэтащхьэм къыбгъэдэкIыу «Къэбэрдей-Балъкъэрым и пащхьэм щиIэ фIыщIэм папщIэ» орденыр АР-м и цIыхубэ тхакIуэ, СССР-м, РСФСР-м я къэрал саугъэтхэм я лауреат, УФ-м Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь МэшбащIэ Исхьэкъ иратыжащ.
Абы къыкIэлъыкIуэу махуэшхуэм и щIыхькIэ къызэрагъэпэща пшыхьым хэтащ Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэ псоми я лIыкIуэхэр. Адыгейм къикIуа гъуэгуанэм теухуауэ абы доклад гъэщIэгъуэн щищIащ КъумпIыл Мурат. ЛIыщхьэм и псалъэм пищащ республикэм и Парламентым и унафэщI Нарожный Владимир.
ГуфIэгъуэ дауэдапщэхэм хэтыну АР-м и лIыщхьэм къригъэблэгъат Кавказ Ищхъэрэм щылажьэ Адыгэ Хасэхэм я лIыкIуэхэу ХьэфIыцIэ Мухьэмэд (Налшык), Аслъэн Алий (Черкесск), КIэкIыхъу Мэжид (Псэзуапсэ), Шыбзыхъуэ Юрий (Ставрополь), Щанэ Рэмэзан (Армавир); Тыркум, Иорданием, Израилым, Сирием я хасэхэм я лIыкIуэхэри хэтащ махуэшхуэ дауэдапщэхэм.
Жэпуэгъуэм и 5-м зэхаша Iуэху екIухэм ящыщщ «Гъуазджэм и дуней» фестиваль телъыджэр.
Адыгейр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 28-рэ зэрырикъум и гуфIэгъуэ дауэдапщэхэм я кIэухыу Кавказ Ищхъэрэмрэ Ипщэмрэ я артист нэхъыфIхэм, Урысей Федерацэм и артист цIэрыIуэхэм концерт гуимыхужхэр ятащ.
ГуфIэгъуэ дауэдапщэхэм я кIэух дахэ хъуат жэпуэгъуэм и 5-м и пщыхьэщхьэм зэмыфэгъурэ нэр тепщIыпщIэу уэгум къыщызэщIэбла хьэрэкIытIэ телъыджэхэр.