Статьи на кабардинском языке

ЦIЫХУ МЕЛУАНИПЩI ЕПЛЪАЩ

«Урысей» гъэлъэгъуэныгъэ-зэхуэсым мэлыжьыхьым и 6-м щрагъэблэгъащ цIыху мелуан епщIанэ хъуа, Ярославль щыщ Панфилов Константин. Абы и гъусэт и щхьэгъусэ Екатеринэ.

- Ар дызыпэмыплъа Iуэхущ. Выставкэм япэу дыкъакIуэу аращ. Абы екIуэлIахэм я мелуан епщIанэ сызэрыхъуар гуапэщ, - жиIащ Панфилов Константин.

НОБЭРЕЙ ТОМИРИС

2023 гъэм щэкIуэкIуэ мазэм къэмыувыIэу сыхьэти 8-кIэ зи щхьэгъусэр зубэрэжьурэ зыIэщIэукIа,  Къэзахъстан Республикэм Лъэпкъ экономикэмкIэ и министру щыта Бишимбаев Куандык и судыр ящIэ мы махуэхэм. Дуней псом бзылъхугъэу тетым афIэкIа Iуэху ямыIэжым хуэдэу кIэлъоплъ а судым. Дауи!

«КЪЭБЭРДЕЙ» ЩIЫФIАЩАР

Хы ФIыцIэм и Iуфэм пщитI щыпсэурт: Тамбий и къуэмрэ Бэлэтокъуэмрэ. Я жылэхэр дапщэ хъуми псори зэхуэдитI зэхуращIыкIауэ щхьэж къылъысыр ихъумэжу псэурт. Ауэрэ Тамбий и къуэм къишащ. КъишагъащIэ щхьэкIэ, жылагъуэхэр щихъумэн хуей зэманти, зы мазэ и пIалъэу хъумакIуэ кIуащ. Тамбий и къуэр ежьэу нысащIэ къишагъащIэр къызэрыщIинар Бэлэтокъуэм щызэхихым, лIыкIуэ хуищIащ нысащIэм:

ДЫДЕЙХЭРЩ НЭХЪЫФIЫР

«Russian Cup» фIэщыгъэр зэрихьэу Анапэ къалэм футболымкIэ иджыблагъэ щызэхаша урысейпсо зэхьэзэхуэм Бахъсэн къалэм и «Форвард» командэм и гъэсэнхэм зэфIэкIыфIхэр къыщагъэлъэгъуащ. 2012 - 2013 гъэхэм къалъхуахэм щхьэхуэу ирагъэкIуэкIа зэпеуэхэм япэ увыпIитIыр абыхэм къыщахьащ.

ДИСАНЭ И ЕХЪУЛIЭНЫГЪЭ

Гъатхэпэм и 28-м Обнинск къалэм щекIуэкIащ еджакIуэхэм я «ЩIалэ­гъуэ. ЩIэныгъэ. Щэнхабзэ» XXXIX-нэ урысейпсо зэхьэзэхуэ. «Урысейр гум илъу» Iуэхум ипкъ иту щэнхабзэмкIэ Президент фондым къызэригъэпэща а зэхьэзэхуэм ди лъахэгъу пщащэм 1-нэ увыпIэр къыщихьащ. 

ЕГЪЭДЖАКIУЭР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

КъБАССР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ, Хэку зауэшхуэм и ветеран, «ЦIыхубэ егъэджэныгъэмкIэ отличник» щIыхьыцIэр зыхуа­гъэфэща Ткаченкэ Андрей мэлы­жьыхьым и 6-м фэеплъ пхъэбгъу къыщыхузэIуахащ ар щыпсэуа Налшык къалэм, Лениным и цIэр зезыхьэ уэрамым тет унэ №45-м. Ар къызэрагъэпэщащ сурэ­тыщI гъуазджэмкIэ егъэджакIуэ цIэ­рыIуэр къызэралъхурэ илъэси 100 зэрырикъум и щIыхькIэ. 

ЩIАЛЭГЪУЭМРЭ ГУГЪЭМРЭ Я МАХУЭЩI

Къэбэрдей-Балъкъэрыр мы махуэхэм щIэныгъэм и урысейпсо утыку хъуащ. Налшык къалэм дэт 33-нэ курыт еджапIэм щIы­уэп­сымрэ дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэнымкIэ олимпиадэм и иужьрей уры-сейпсо Iыхьэм къекIуэлIат ябгъэдэлъ щIэныгъэр зды­нэсыр къапщытэну гура-щэ зиIэ щIалэгъуалэр.

ДИ ЩIАЛЭР КАРАТЭМКIЭ ЧЕМПИОНЩ

Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, 2024 гъэм мэлыжьыхьым и 6 - 7-хэм Мэзкуу къалэм щекIуэкIащ Урысейм киокусинскаймкIэ и чемпионатрэ пашэныгъэр къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ. Абы хэтащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 28-м я спортсмену 300-м щIигъу.

ДЗЭ IУЭХУ ХЭХАМ ХЭТХЭМ ЯIУОЩIЭ

Дзэ Iуэху хэхам хэтхэм къащхьэщыжынымкIэ «Хэкум и къыщхьэщыжакIуэхэр» къэрал фондым КъБР-м щиIэ и къудамэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Прокуратурэмрэ зэрызэдэлэжьэнумкIэ зэраухылIа зэгурыIуэныгъэм тету, Дзэлыкъуэ щIыналъэм и прокурор Карпов Александр щIыналъэм щыщу дзэ Iуэху хэхам хэтхэм яIущIащ.

НЭРЫМЫЛЪАГЪУ ДУНЕЙ

Анзорей къуажэм къыщалъхуа, абы дэт курыт еджапIэ №2-м илъэс куэдкIэ щылэжьа, иужьым ар дыдэм зи цIэр фIащыжа Табыхъу Хьэзрит Къанщауэ и къуэр зи IэнатIэм псэ хьэлэлкIэ бгъэдэта егъэджакIуэ Iэзэу зэрыщытам и мызакъуэу, щIыуэпсым и иджырей щытыкIэм, дыкъэзыухъуреихь дунейм къыщыхъу-къыщыщIэхэм теухуа тхыгъэ гъэщIэгъуэнхэри къызэринэкIащ.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке